Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэщ. Нэмыцэ микробиолог Кох Роберт 1882 гъэм хэIущIыIу ищIащ жьэн узыр къэзышэ бактериер къызэрихутар.

♦Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я штурман IэнатIэм и махуэщ

♦Пакистаным щагъэлъапIэ я къэралыгъуэм и махуэр

♦1753 гъэм Урысей империем цIыхум и хьэкумыр укIкIэ ящIэну зэрыхуимытым теухуа унафэ къыщащтащ.

♦1801 гъэм Урысейм и император Павел Езанэр Санкт-Петербург щиIэ Михайловскэ уардэунэм щаукIауэ нэху къекIащ.

♦1802 гъэм Инджылызым щыщ къэхутакIуэ Тревитик Ричард бахъэкIэ лажьэ мафIэгу къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ иратащ.

♦1822 гъэм Бирмингем (Инджылыз) щыщ инженер Черч Уильям тхыгъэхэр къызэращып япэ типографие машинэ зэрызэпкърилъхьам и патент къыдихащ.

♦1898 гъэм япэ америкэ автомобилыр ящащ.

♦2008 гъэм Олимпием (Алыдж) деж щыпагъанэри ирахьэжьащ Китайм и къалащхьэ Пекин а гъэ дыдэм шыщхьэуIум и 8 - 24-хэм щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я мафIэр.

♦1891 гъэм къалъхуащ совет физик, академик, оптикэм и лъабжьэр СССР-м щызыгъэтIылъа, Совет Союзым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и президенту щыта Вавилов Сергей.

♦1900 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист Козловский Иван.

♦1906 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, актрисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Хэку зауэшхуэм хэта Шульженкэ Клавдие.

♦1948 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и академик, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шенкао Мухьэмэд.

♦1948 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал, политикэ лэжьакIуэ Арэшыкъуэ Мухьэмэд.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хъыдзэдж Борис.

♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, композитор, усакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Серов Александр.

♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шыдакъ Татьянэ.

♦1960 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Нэхей Тамарэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 - 3, жэщым 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бысымыр хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ