Шыхулъагъуэм и кум

США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым физикэмрэ астрономиемкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Гез Андреа къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым щытопсэлъыхь, езым къыдэлажьэ астрономхэр и гъусэу, ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ зыщымыгъуазэу щыщыIа уафэщI гъэщIэгъуэнхэр къызэрыщалъэгъуам.

Гъуэз теплъэ зиIэ вагъуэхэр и гъунэгъущ блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зыщIэзылъафэ, хьэлъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ кIыфIхэм» («чёрная дыра») ящыщ зыуэ Стрелец А нагъыщэр зратам.

Шыхулъагъуэм и кум Iув дыдэу щызэхэт вагъуэ бжыгъэншэхэм я деж зи гугъу тщIы пкъыгъуэхэм хуэдэхэм узэрыщрихьэлIэм щIэныгъэлIхэр япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар 2005 гъэращ. Абы щыгъуэ къагъуэтам «GI» нагъыщэт иратар.

2012 гъэм Германием и астрономхэм а щIыпIэм аргуэру къыщалъэгъуащ иужькIэ «G2» зыфIаща, и зыгъэзэкIэкIэ, и теплъэкIэ япэрейм емыщхь гъуэзыпшэ Iув телъыджэ. КъызэрахутамкIи, а пкъыгъуэ абрагъуэм къыздилъэтыхьым 2014 гъэм Стрелец А мащэ кIыфIым гъунэгъубзэ зыхуищIауэ щытащ.

ЩIэныгъэлIхэм гу зэрылъатамкIэ, G2-р вагъуитIу зэхэтщ. А тIум, зэпхарэ зэуIуу, мащэ кIыфIым зыщыдагъазэм (апхуэдэ гъуэзыпшэхэм я зы къекIэрэхъуэкIыгъуэр илъэси 100-м къыщыщIэдзауэ илъэс 1000-м нэблагъэ щихь щыIэщ), гъуэз гуэрэнрэ сабэ Iуву зэхэт я пкъыгъуэхэр зы вагъуэшхуэу зэхэпцIыхьыжат.

Къыхэгъэщыпхъэщ, астрономхэм иужьрей илъэсхэми гъуэз теплъэ зиIэ вагъуэхэм хуэдэ Шыхулъагъуэм и кум къызэрыщахутар. Абыхэми, япэрейхэм зэрырагъэщхьам къыхэкIыу, иратар зэрызэкIэлъагъакIуэ нагъыщэщ: G3, G4, G5, G6. ИужьреиплIым мащэ кIыфIым и хъуреягъыр къызэралъэтыхь гъуэгуанэр (орбитэр) адрей тIум ейм хуабжьу къыщхьэщокI, езыхэри я теплъэкIэ зэхуэдэкъым.

ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи гугъу ящI пкъыгъуихри зэгуэр зыр адрейм екIэрэхъуэкIыж вагъуэ тIурытIу зэхэтащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, мащэ кIыфIым къызэрымыкIуэу зэрызыщIишэ и къаруушхуэм (гравитацэ) зэрызэщикъузэм къыхэкIыу, зы гъуэзыпшэ абрагъуэу зэхэпцIыхьыжащ. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зи гугъу тщIы къарум апхуэдэ къыщигъэхъур илъэс мелуаным и кIуэцIкIэ зэщ.

«Шыхулъагъуэм и кум ди Дыгъэм ещхь вагъуэхэр, дыздэщыIэм елъытауэ хуэдэ минкIэ щызэхэубауэ, Iувыщэу щызэхэтщ. Абы къыхэкIыу, ущызэщIэзышэ гравитацэмрэ малъхъэдис (магнит) губгъуэхэмрэ щышынагъуэ дыдэщ. Ауэ щыхъукIи ди насыпщ, дыщыпсэу ЩIы Хъурейр дызыхиубыдэ галактикэм и IуфакIэм зэрыщыIэр. Зи гугъу тщIы «IувыпIэм» къыщыхэпсыкI нэхур ди деж къыщысыр илъэс мин 26-рэ дэкIа иужькIэщ», - жеIэ профессор Гез Андреа.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: