Дамэ пэлъытэ

IуэрыIуатэм игъэбелджылыркъым нартхэм я ныбжьыр,  ауэ шэч зыхэмылъыр зыщ: щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, «Нарт» эпосым и купщIэм  илъэс  минищ  нэхърэ  нэхъ мащIэ ныбжь  иIэкъым. Апхуэдэ ныбжь яIэщ  Сосрыкъуэ и хъыбархэми.
 Сосрыкъуэ  къыщыхъуар  Псыжь  Iуфэщ – хъыбар  куэдым къыхощ ар. Балигъ хъуа  нэужь, зекIуэ ежьамэ,  Сосрыкъуэ щыболъагъу Тэн Iуфи. Тэн е Тэн губгъуэ ущрохьэлIэ адрей нартхэми – Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Батрэзи, Къанж и къуэ Щэуеи. Абыи къыщызэтеувыIэркъым: Индыл зэпрокIри, шыбэр къызэпраху. Дауи, нарт хъыбархэм Тэни  Индыли я цIэ къыхэхуэнтэкъым, пасэрей адыгэхэм ар зекIуапIэ яхуэхъуауэ щымытатэмэ. ЗекIуапIэ яхуэхъуам и закъуэкъым: тхыдэр щыхьэт тохъуэ пасэрей адыгэхэм я щIыналъэм и  гъунапкъэм Тэн нэс зидзу зэрыщытам. 
Псыжь нэгъуэщI лъэпкъхэр къызэреджэр Кубанщ, а цIэми ныбжьышхуэ иIэщ – пасэрей алыджхэм я деж къыщежьащ. Адыгэхэр ПсыжькIэ зэджэ псым пасэрей алыджхэр ГипанискIэ еджэу щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ  - Шыпс.  
ЗэралъытэмкIэ, алыджхэм  Псыжь апхуэдэцIэ фIащын хуей щIэхъуар абы  и  Iуфэр  шыбз гуартэ бжыгъэншэхэм яуфэбгъуауэ зэрыщытарщ: дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэшым илъэс минищым нэблагъэ ныбжь иIэщ - апхуэдиз  хъуауэ зэрахуэ  адыгэхэм шы.  Нартхэм  я лъэхъэнэм дунейм къытехьэри, лIэщIыгъуэ зыбжанэ  къызэпичащ  адыгэшым,  шы лъэпкъ цIэрыIуэхэм  ящыщ  зы  хъун папщIэ. 
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шы зэрызэрахуам щыхьэт тохъуэ археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей хьэпшыпхэри пасэрейхэм къызэранэкIа хъыбархэри. 
Илъэс минитI и пэкIэ щIалъхьауэ щыта  синд  дзэпщ гуэрым и кхъащхьэм тращIыхьыгъа Iуащхьэм археологхэм къыщIахащ  шы щиплIым я къупщхьэ; дауи, пасэрей адыгэхэм шы куэдыкIейуэ Iэджи щIауэ зэрамыхуэтэмэ, я дзэпщым апхуэдиз шы  дыщIалъхьэнтэкъым…
Тхыдэм къыхэнащ мыпхуэдэ  хъыбар: пасэрей дзэпщ цIэрыIуэ Александр Македонскэм (Искандер Зулъкъарнэйн) и адэм, пащтыхь Филипп, Псыжьрэ  Тэнрэ  къыщищэхугъащ… шы мин тIощI.
Пасэ дыдэу цIэрыIуэ хъури, адыгэшым и пщIэмрэ и уасэмрэ зэи ехуэхыжакъым, абы щыхьэт техъуэфынущ мы зы щапхъэри: шы ящэхун щхьэкIэ, сатуущIэхэр щызэхыхьэ кърым бэзэрхэм адыгэшыр нэгъуэщI шы лъэпкъхэм елъытауэ хуэдэ 20-25-кIэ щынэхъ лъапIэт. Пасэрей дзэпщхэм я деж къыщыщIэдзауэ, шуудзэ зыгъэшэс дэтхэнэми адыгэшым пащI щыIакъым,  ар щхьэусыгъуэ  хуэхъури адыгэшым  и лIэужьыр жыжьэ нэсащ, абы илъ ящIэтщ нобэ  дуней  псом щыцIэрыIуэ шы лъэпкъ куэдым. 
Пасэрейм мыпхуэдэ псалъэ къызэринэкIащ: цIыхум  дамэ къритакъым Тхьэм, дамэ къыщримытым, шыкIэ къыхуэупсащ. Дамэ пэлъытэт шыр цIыхум дежкIэ. Гъуэгуанэм я нэхъ кIыхьри игъэкIуэщIыфырт адыгэшым, еш  ищIэртэкъым, зекIуэлIыр  гъуэгум къыщытрини  къэхъуакъым. 
 

 

Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: