БлэкIам ухагъэплъэжыф

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм епха гукъэкIыжхэр куэдым яIэщ. ЗыгъэпсэхупIэм и ихьэпIэм къыщыщIэдзауэ а щIыпIэ щхъуантIэм псори дехьэх. Илъэс 80-м щIигъуауэ зыгъэпсэхупIэм «драгъэблагъэу» аслъэнхэм я теплъэ гъэжа жыг хадэ ихьэпIэм деж щытщ. Сигу къокIыж дыщысабийм абыхэм я жьэм къыжьэдэж псымкIэ ди псыхуэлIэр идгъэкIыу зэрыщытар. Ноби плъагъунущ ныбжьыщIэхэм шынапэурэ я Iэ цIыкIухэр а аслъэнхэм зэрыхуашийр.  
     Къапщтэмэ, скульптурэхэм хьэлэмэт зыщI гуэри яхэлъкъым, ауэ гулъытэ зыхууагъэщI, илъэс пщIы бжыгъэхэр я щIыбагъ къыдэтщи, блэкIам ухагъэплъэжыф. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: ахэр щищIым Молодожанин Леонид (Лео Мол цIэмкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуар) и гуи и пси а лэжьыгъэм хигъэхьагъэнут…
      Молодожанин Леонид Украинэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ Полонное щIыпIэм 1915 гъэм къыщалъхуащ. Леонид и адэр кхъуэщыныщIти, абы и дэIэпыкъуэгъуурэ къэхъуащ. И ныбжьыр илъэс I5 щрикъум, щIалэщIэр Венэ кIуащ, ар щылэжьащ Фрасс Вильгельм и художественнэ студием, нэмыцэбзэр иджащ. 1936 - 1941 гъэхэм Леонид щеджащ Ленинград ХудожествэхэмкIэ и Академием. А еджапIэм ар щигъэсат скульптор цIэрыIуэ Манизер Матвей. ИужькIэ Лео Мол къиухыжащ Берлин ГъуазджэхэмкIэ и академиер, апхуэдэуи Климш Франц и дэIэпыкъуэгъуу лэжьащ. 1943 гъэм къыщыщIэдзауэ, ар Гаагэ (Голландие) дэт Пащтыхь академием щIэсащ, а илъэс дыдэми абы щхьэгъусэ ищIащ нэмыцэ цIыхубз Маргарет. Ахэр илъэс щэ ныкъуэм щIигъукIэ зэдэпсэуащ.
1948 гъэм Виннипег (Канадэ) Iэпхъуащ, а щIыпIэращ Лео Мол щылIэжари. Украинэ къыщыдэкIа газетхэм Лео Мол теухуауэ къыдат хъыбархэм къахэщыркъым ар Налшык зэрыщыпсэуар. ИтIани, жыIапхъэщ скульпторыр ди щIыналъэм зэрыщыIар езым къызэрыхуэсэбэпар. Къэбэрдей-Балъкъэрыращ ар и IэщIагъэм Iэижь щыхуэхъуар.
Молодожаниным и унагъуэр Налшык къыщыщыхута илъэсыр зэхэгъэкIакъым. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ Емельяненкэ Надеждэ а Iуэхугъуэр ирепх Украинэм гъей щыщыIа зэманым, 1932 - 1933 гъэхэм.
Налшык къалэ зэрыдэса илъэсищым Леонид щIэин дахэ къытхуигъэнащ. I933 гъэм ди щыхьэрым къыщызэIуахауэ щыта ныбжьыщIэ театрым и сурэтыщIу абы щыгъуэм ар и къару еплъыжащ, къыкIэлъыкIуэ илъэситIырщ зи гугъу тщIа скульптурэхэр (аслъэнхэр), нэгъуэщIхэри абы щищIар. Гу лъытапхъэщ: абы щыгъуэм Леонид иджыри илъэс 20 ирикъуатэкъым.
Налшык къалэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щагъэува «Материнство» скульптурэри (бзииху жыг сатырхэм хэтыр) зыщIар Молодожаниныр зэрыарар ди фIэщ мэхъу. ЦIыху IэпщIэлъапщIэм анэмрэ сабиймрэ я теплъэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэу хилъхьар зыхэзымыщIэ блэкIыу къыщIэкIынкъым.
Мы скульпторым нэгъуэщI и зы лэжьыгъэми дыщыгъуазэщ. Ар «Спортсменка» жыхуаIэу илъэс куэдкIэ Адыгэ театрым и пщIантIэр зыгъэдахэу щытарщ.
Емельяненкэ Надеждэ жеIэ «Победа» кинотеатрым тет «Танцующая пара» скульптурэри Молодожанин Леонид зэриIэдакъэщIэкIыр. Ар пэжынущ, сыту жыпIэмэ, фэеплъхэр зытращIыкIахэм ящыщ Атэлыкъ Жанусэ («Кабардинка» ансамблым и япэ гупым хэтащ) и гукъэкIыжхэм къыхощ: «Аслъэнджэрийрэ сэрэ лъэпкъ фащэхэр тщыгъыу Налшык къалэ и Затишье районым скульпторхэм сурэтхэр щыттращIыкIауэ щытащ. Зым и унэцIэр Молодожанинт, адрейм - Василенкэ. Ар 1935 гъэрщ е 1936-рщ».
Жанусэ зи гугъу ищIа Василенкэ скульпторыр хэтми, сыт хуэдэ лэжьыгъэ фэеплъхэм ирихьэлIами зэкIэ дыщыгъуазэкъым. Ауэ шэч зыхэмылъыжращи, «Танцующая пара» фэеплыр Молодожанин Леонид и IэдакъэщIэкIщ.

Котляров Виктор.
Поделиться:

Читать также: