Бжьэхэр

ГъащIэр пщIыхьэпIэщ. ПщIыхьэпIэ дахэщ. КъикIри зищIысри къытхуэмыщIэурэ, блэлъэт пщIыхьэпIэ щхъуэкIэплъыкIэщ… МащIэ егупсыса абы! ГъэщIэгъуэн мащIи тратхыхьа! Ауэ зыми ищIэркъым цIыхур дунейм къыщIытехьэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр. Мы дунейм щищIэн хуейуэ къыхуиухар. Дэ дызыщыгъуазэр цIыхум езым зыхуигъэувыжа къалэнхэрщ. Езым къигъэщIыжахэрщ. Дунейм зрагъэзэгъыу езыхэри зэзэгъыжын щхьэкIэ къагупсысахэрщ: хабзэ, нэмыс, укIытэ, фIэлIыкI, пщIэ, щIыхь… Iэджи, Iэджи, Iэджи мэхъу ахэр!.. ЦIыхур малъхуэ. МапIэ. Ар тыншкъым. Абы гухэхъуэу къыуитыр гугъуехьу пыщIам пэшэчэфынукъым. АтIэ сыт щIэлъхуэри? ЩIэпIэри? Сыт щхьэхуиту дунейм щIытемытыфыр? Тетыфкъым, ар и лъым хэтщи. И псэм хэтщи. ГъащIэм и къуэпсыр мыгъэгъужын къалэныр къыдагъэщIащи… арауэ пIэрэ тIэ цIыхум и къалэн нэхъыщхьэр? Арауэ пIэрэ мы дунейр, зыр зым хьэлэмэтыщэу хуэкIуэу зэхалъхьа мы дунеишхуэр, щIыщытыр? Арамэ, сыт а къалэн нэхъыщхьэм ублэзыгъэгупсысыкI гуэрхэр цIыхум и пкъым къыщIыхилъхьар? А къалэным нэхърэ нэхъ лъагэу зиIэтыну щIыхуекъур?.. А къалэн нэхъыщхьэм нэхърэ нэхъыщхьэж щыIэмэ - щэ? Езым къимыгъэщIауэ. КъыдамыгъэщIауэ. Езыр къыщIагъэщIыжар арауэ… Ауэ сыт а къалэныр зищIысыр? Зыхуэдэр? Къытхуигъэувыр? Ар зыми ищIэркъым. Ар – цIыхум и акъылыр здынэмыс щэху абрагъуэщ, Тхьэри мелыIычри къыщалъыхъуэ гъуэз жыжьэм хэгъуэщэж гуэрщ… Дэнэ къикIрэ а «ЛЪАГЪУНЫГЪЭ» зыфIэтща гурыщIэ гъуэбжэгъуэщыр? Сыт ар зищIысыр? Сыт дэр хуэдэу къэхъуа, дэр хуэдэу псэу, дэр хуэдэу дунейм къытелындауэ тебзэхыкIыжыным пэплъэ гуэрым щхьэкIэ ди гур щIэпIейтейр? Ди жейр щIэдгъэныкъуэр? Гуныкъуэгъуэхэм зыщIыхэддзэжыр? Сыт зыгуэрым и теплъэ къызэрыгуэкIыр ди нэм къыщIыщIэгъагъэр? И нэ къызэрыгуэкIхэм вагъуэ къащIыщIэдгъуатэр? И щхьэц къызэрыгуэкIым дыхэIэбэмэ, щэхубэкIэ зэщIэIущащэ пшыналъэ къыщIызэхэтхыр?.. Дыщымыуэу пIэрэ цIыхухэр, телъыджэ лъэпкъ дунейм темыту къыщытщыхъум деж? Шыпсэри псысэри пцIы зэфэзэщу къыщытфIэщIым деж. Пэжыр ахэрамэ-щэ? Пэж дыдэр. Пэж кумылэр… Армырамэ, зи акъылыр а пэж купщIэм ецырхъа цIыхухэр нэгъуэщIынэкIэ щхьэ еплърэ а шыпсэми? А псысэми? А телъыджэ лъэпкъ зыхэмылъу къащыхъухэми?.. Акъыл къызэрыгуэкIрэ гурыщIэ къызэрыгуэкIкIэ псэу цIыхум шэч лъэпкъ къытримыхьэжу ещIэ жэуап зумытыфын зэрыщымыIэр. Абы къыпыгъэкIэрэхъукIауэ зы дуней гъуабжэ иIэщи, а дунейм теткъым щIимыбжыкIарэ къимыIэбэрэбыхьарэ. Хэт фагъуэми, хэт гъуабжэми къыбжиIэфынущ. А фагъуэр щIэфагъуэр и бзэгупэм телъщ. А гъуабжэм и гъуабжагъэр игуэшщ, игъэбагъуэщ, зэхихщ, зэхилъхьэжри, къыщIэкIар шэч зытрамыхьэж жэуапу и бгъэгущталъэм ирилъхьэжауэ къыздрехьэкI. АпхуэдизкIэ игурэ и щхьэрэ зэтелъщи, ауаныщIу и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыурэ ар адрейхэм къахуоплъых, езыр ахэм къазэрыхэпIиикIым ирогуфIэ, насыпыфIэ ирохъу… Зэхихащ абы мы дунейр зэрыкIэншэри. ЗэрыщIэншэри. Ауэ а кIэншэри а щIэншэри и акъыл къызэрыгуэкIым ирегъэзагъэ. И пщалъэм апхуэдизкIэ хуэарэзыжщи, а здынэмыплъысхэри ардыдэмкIэ къэппщ зэрыхъунум шэч лъэпкъ къытрихьэжкъым… Ауэ насып диIэти, щыIэщ телъыджэ зэрыщыIэм шэч къытезымыхьэжхэр. Дунейр зэрыкIэншэу зэрыщIэншэм ещхьыркъабзэу, абы и телъыджэхэм гъуни нэзи зэрамыIэр къэзыщIауэ ахэм захуэзышийхэр… Апхуэдэхэр сытым дежи гъуэгуанэ тет зэпытщ. Гъуэгуанэ жыжьэ. Гъуэгуанэ кIэншэ. УкIуэтэху кIыфIым укъыхэзыIэтыкI гъуэгуанэ… Щыгъыныджи яхэтщ ахэм. Гъуэмыладжи къахэбгъуэтэнущ. Ауэ гуаджэ къахэмыхуауэ псэ гъэнщIыным къыхуигъэщIахэщи, - макIуэхэр, макIуэхэр, макIуэхэр… а щымыIэу ягугъэ лъахэм… Телъыджэхэр зэщIопщIыпщIэ. Телъыджэхэм зыкъызэIуах. Телъыджэхэр къызэщIогъагъэ. Гъэгъахэм яхохьэ емызэшыж бжьэм и къалэныр къызыхуигъэщIа а цIыхухэр. Акъылу щыIэр зэхэплъхьами уздынэмысыфынум нэсыфхэр. ГъащIэм и IэфIыр зэхуэзыхьэсхэр. 
ГъащIэм фо зэрыщIэлъыр нэрылъагъу тщызыщIхэр… ЯУГЪАЩIЭ БЖЬЭМ И КЪАЛЭНЫР ЗЫГЪЭЗАЩIЭ ЦIЫХУХЭМ! ЯУГЪАЩIЭ!
 

 

IутIыж Борис.
Поделиться:

Читать также: