Гъатхэм и джакIуэАбазэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пцIащхъуэр фIыуэ ялъагъу. Абыхэм я IуэрыIуатэм ар цIыхухэм я къегъэлакIуэу къыхощ. А къуалэбзум иухуэ абгъуэм зи зэран екIым, нэхъ Iеижыращи, ар зэтезыкъутэм гуэныхьышхуэ къихьу ябж. Унэм пцIащхъуэ щIэлъэтамэ, ар зей унагъуэм дежкIэ насыпышхуэу къалъытэрт. А бзу лъагъугъуафIэр гугъу езыгъэхьыр цIыху мыхъумыщIэу ябжырт. Зи гугъу тщIы абазэхэм яIэщ пцIащхъуэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. Пасэ зэманхэм, щхьибл зыпыт благъуэм мурад ищIат, жаIэ, дунейм тет псэущхьэхэм ящыщу хэт и лыр нэхъ IэфI дыдэми зэхигъэкIыну. Ар зригъэщIэн папщIэ, хьэщхьэвылъэжьым и Iумэтым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, гъудэ-бадзэ хуэдэхэр щIым и лъэныкъуэ псомкIи щызэбриутIыпщыкIащ. Абыхэм яхэтын хуей хъуат ди пцIащхъуэ цIыкIури. Къуалэбзу лъагъугъуафIэм Iэгъуэблагъэр къыщызэхилъэтыхьым, ар зы щIыпIэ гуэрым деж блэм щыIууащ. Иужьрейр епIэщIэкIырт дунейм псэущхьэу тетхэм ящыщу цIыхум и лыр зэрынэхъ IэфI дыдэм и хъыбарыр благъуэм деж нигъэсыжыну. КъыжриIам шэч къытрихьа хуэдэ зищIри, пцIащхъуэр блэм елъэIуащ къиIуатэм и пэжыпIэр зэрызэхигъэкIа и бзэгум Iуигъэплъэну. Гурыщхъуэ лъэпкъ зигу къэмыкIа блэм и шэрэзыр къызэрыридзу, абы пцIащхъуэ цIыкIуу плъагъур и пэнцIывымкIэ еуэри, тIууэ зэгуигъэхуащ. Абы лъандэрэ блэр мыпсэлъэжыф хъуащ. Аращ цIыхухэр зытекIуэдэнкIэ хъуну хъыбар шынагъуэр благъуэм деж щIынэмысари.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|