Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ яхуэлажьэ спортым и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 20I3 гъэм шыщхьэуIум и 23-м унафэ къищтащ илъэс къэс а махуэр мэлыжьыхьым и 6-м къэралхэм зэдагъэлъэпIэным теухуауэ.

СтIолыщхьэ теннисым и дунейпсо махуэщ

УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Къыргъызым щагъэлъапIэ физкультурэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр

1814 гъэм Наполеон Франджым и пащтыхь къулыкъум текIыну къытрагъэхьэри, апхуэдэ лъэбакъуэ япэу ирагъэчауэ щытащ франджыдзэм и маршалхэу Мортьерэ де Мармонрэ.

1896 гъэм Афинхэм (Алыдж) къыщыщызэIуахауэ щытащ япэ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Зэпеуэхэр щекIуэкIащ «Панатинаикос» алыдж стадионым. Абы япэ олимп чемпион щыхъуауэ щытар США-м щыщ, атлетикэ псынщIэ спорт лIэужьыгъуэм щиIа зэфIэкIхэмкIэ цIэрыIуэ Коннолли Джеймс Бренданщ,

1899 гъэм Москва и уэрамхэм къыдыхьащ электрокъарукIэ лажьэ япэ трамвайр.

1930 гъэм Вагъуэ Плъыжь орденыр къащтащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым цIыху нэхъыбэ дыдэм хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэм ящыщщ ар.

1941 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Югославием и щыхьэр Белград лагъымхэр дадзэн, къалэр зэхэкъутэн щIадзащ.

1812 гъэм къалъхуащ урысей жылагъуэ лэжьакIуэ, тхакIуэ-публицист Герцен Александр.

1836 гъэм къалъхуащ урыс дохутыр цIэрыIуэ, хирург Iэзэ дыдэу къалъытэу щыта, профессор Склифосовский Николай.

1929 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Акмеологие щIэныгъэхэм я академиеу Санкт-Петербург щыIэм и действительнэ члену щыта Бэчыжь Мухътар.

1933 гъэм къалъхуащ совет актёр, кинорежиссёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Любшин Станислав.

1937 гъэм къалъхуащ дирижёр, композитор, УФ-ми Къалмыкъ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис.

1939 гъэм къалъхуащ Филологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгэ къэрал университетым и профессор Бырсыр Батырбий.

1941 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ АбытIэ Хъызыр.

1955 гъэм къалъхуащ Психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд.

1958 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХъуэкIуэн Мурат.

1963 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Джэш Рахьмэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I2 - I3, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бийр къыпщытхъурей хъумэ - умыбэлэрыгъ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ