Жыжьэ къыщожьэ

Адыгэхэр Урысейм ис лъэпкъи 180-м язщ. Езыхэр зэрызэджэжыр «адыгэщ», ауэ лъэпкъ тхыдэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ этноним куэд игъуэтащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ жьы хъуауэ къагъэсэбэпыжыркъым, языныкъуэхэр нобэми къогъуэгурыкIуэ. Адыгэхэр япэ дыдэу урысхэм къызэрацIыхуар «касогкIэщ», абы IX лIэщIыгъуэм къыщыщIедзэ. Византийхэр «зихкIэ» еджэрт абыхэм. XIII лIэщIыгъуэм монгол-тэтэр зэхэуэм адыгэхэр щхьэмыгъазэу пэщIэувауэ щытащ, а лъэхъэнэм щегъэжьауэ абыхэм экзоэтноним яхуохъу «шэрджэс» цIэр.

2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм ис адыгэхэм я бжыгъэр мин 800-м ноблагъэ. Нэхъыбэр щопсэу Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм. Адыгэхэм я нэхъыбэр здэщыIэр хамэ къэралхэрщ. Ар Кавказ зауэм кърикIуа истамбылакIуэм и лъэужьщ. НобэкIэ адыгэ нэхъыбэ дыдэ зэрыс къэралу щыIэр Тыркурщ. Абы ис лъэпкъхэм я ещанэщ адыгэхэр, тыркухэмрэ курдхэмрэ къакIэлъыкIуэу. Адыгэхэр апхуэдэу щыхэхэсщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэми - Иорданием, Сирием, Саудей Хьэрыпым, Иракым, Ливаным. Африкэ Ищхъэрэмрэ Европэмри ущрохьэлIэ. Нэхъыбэр щопсэур Германиерщ.

БзэщIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ адыгеибзэмрэ зыуэ щыт адыгэбзэм и диалектщ. Абы и щыхьэтщ езы къэбэрдейхэри, шэрджэсхэри, адыгейхэри я бзэм «адыгэбзэкIэ» зэреджэр, зы бзэуи къызэралъытэр. XIX лIэщIыгъуэм ику хъуху адыгэхэм тхыбзэ яIакъым, абы щыхьэт тохъуэ абы лъандэрэ зы дэфтэр кIапи къызэрамыгъуэтар, ауэ щыхъукIи хьэрып алыфбейр и лъабжьэу зэхалъхьэну иужь итащ.

1855 гъэм гъатхэпэм и I4-м бзэщIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ Бырсей Умар япэ адыгэ алыфбейр хьэрып графикэм тету зэхилъхьэри къыдигъэкIауэ щытащ. А махуэр иджырей адыгэ тхыбзэм и махуэу ягъэлъапIэ.

Адыгэхэр кърым хъанхэм щезауэкIэ урысхэм ягуэту щытащ. 1552 гъэм адыгэхэм урысыдзэм я гъусэу Къэзан къащтащ, Астрэхъан пщыгъуэр якъутэнымкIи урысхэм зыщIагъэкъуащ а гъэ дыдэм.

1561 гъэм Грозный Иван Идар Темрыкъуэ и пхъур щхьэгъусэу къешэ. Петр Езанэр къэжэрхэм щатеуэм, адыгэхэр Урысейм гуэтащ, а лъэхъэнэм Урысейм и фейдэт адыгэхэм адрей бгырыс лъэпкъ цIыкIухэр я унафэ щIигъэтыныр.

1739 гъэм щегъэжьауэ адыгэхэр щхьэхуит мэхъу, абы щыгъуэм къэбэрдеипщхэр урыс пащтыхьым деж къулыкъу щащIэну хуитыныгъэ яIэ мэхъу. 1763 гъэм Урысей пащтыхьыгъуэм Къэбэрдей щIыгум трищIыхьын щIедзэ Мэздэгу быдапIэр, ар илъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм и щIэдзапIэщ. Абы кърокIуэ Шэрджэс лъахэр Урысей пащтыхьыгъуэм хагъэхьэжыныр. Апхуэдэуи урыс императорхэм я къулыкъум къыхохъуэ «къэбэрдей щIыгум и пащтыхь».

Адыгэхэм яIыгъыр муслъымэн динырщ, мэздэгу адыгэхэм я нэхъыбэр чыристэнщ. Зэлэжьыр гъавэ гъэкIынымрэ былым зехуэнымрэщ, шы гъэхъуныр япэ ирагъэщ. Уеблэмэ къэбэрдеишым и цIэр дуней псом къыщацIыхуащ. IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухъухэми цIыхубзхэми IэпэIэсагъэр яхэлъщ. Iэщэм, фащэм, дыщэм елэжь IэпщIэлъапщIэхэр яхэтщ, бзылъхугъэхэри цым хуэIэзэщ, шылэ, дыщэ IуданэкIэ хадыкI. Адыгэхэм я шхыныгъуэ нэхъыщхьэр мэлыл гъэварщ, гъэжьарщ, былымыл, гуэгушыл, джэдыл яфIэфIщ, лэпс и гъусэу. Мэлылыр ягъэгъуныр зыпащI щыIэкъым. ЛыхэкIым дашхыр пIастэщ, хугум къыхэщIыкIауэ. Махуэшхуэхэм нэхъыбэу ирафыр махъсымэщ.

Адыгэхэм сытым дежи гулъытэшхуэ хуащI хьэщIэм. ХьэщIэр тхьэм и лIыкIуэу зэралъытэм къыхэкIыу пщIэшхуэ кIэлъызэрахьэ. Нэхъапэм хьэщIэм папщIэ лъапсэм унэ щхьэхуэ дащIыхьу щытащ, ар зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ. ХьэщIэм хабзэ дахэ куэд кIэлъызэрахьэрт, хуей хъумэ, я псэри ятыну хьэзырт абы папщIэ.

1793 гъэм Къэбэрдейм щыIа академик Паллас адыгэ хабзэр гъунэ зимыIэ гуапагъэу къилъытауэ щытащ. 16 - 18 лIэщIыгъуэхэм адыгэ хабзэр Кавказым щызекIуэ адрей псоми елъытауэ нэхъ купщIафIэу ябжырт. Абы къыхэкIкIэ, кавказ лъэпкъхэм ящыщ пщыхэмрэ кърым хъанхэмрэ я бынхэр Къэбэрдейм къагъакIуэрт цIыху хэтыкIэрэ дуней тетыкIэ дахэрэ яIэн папщIэ.

Поделиться: