Тау Олег: Адыгэ шхыныгъуэхэм нэхърэ нэхъ гурыхь щыIэкъым

Илъэс 41-кIэ пщафIэ IэщIагъэм ирилэжьащ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ Тау Олег. Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу, гурэ псэкIэ абы етауэ зэрыщытам къыхэкIыу а IэнатIэм абы зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъэгъуащ, зыхэт гупым я дежи пщIэи щIыхьи щиIащ.
Олег и анэ Шэризэт IэфI дыдэу пщафIэрт, «и Iэгур и Iэнэщ» жыхуаIэм хуэдэти, и ерыскъыр сытым дежи хьэзырт, я унагъуэ къихьа имыгъашхэу зэи иутIыпщыжынутэкъым. Къахуеблагъэхэми, цIыхубзым и пщэфIэкIэм щыгъуазэти, шхыныгъуэ гурыхьхэм зыхагъэкIыжыртэкъым. Дэтхэнэ зы бынми хуэдэу, анэм ипщэфIар зыхилъхьэ щыIэтэкъым Олег. Ар абы кIэлъыплъырт, уеблэмэ щыдэпщафIи мызэ-мытIэу къэхъуащ. Курыт еджапIэр къиухыу зыхуеджэну IэщIагъэр къыщыхихым, куэдрэ мыгупсысэу, Налшык къалэ дэт, пщафIэхэр щагъэхьэзыр техникумым щIэтIысхьащ. Таум лэжьэн щыщIидзащ «Налшык» рестораным. Зыпэрыт Iуэхум теухуауэ нэхъыбэ къызэрищIэным хущIэкъурти, зэрылажьэм хуэдэурэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Плехановым и цIэр зезыхьэ Урысей экономикэ университетым.
Олег езым къиухауэ щыта техникумым I974 гъэм ирагъэблагъэри, 20I5 гъэ пщIондэ абы егъэджакIуэу щылэжьащ. Абы и гъэсэнхэм зи цIэр фIыкIэ жаIэ пщафIэ хъарзынэхэр къахэкIауэ ди республикэм и мызакъуэу, къэралым и шхапIэ нэхъыфIхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу щолажьэ.
Лъэпкъ шхыныгъуэхэр зэхуэхьэсыжынми и гуащIэ хилъхьащ Таум. I986 гъэм Бзабзэ Музэринрэ Тау Олегрэ къыдагъэкIащ «Кухня народов Кабардино-Балкарии» тхылъыр. ИужькIи, 2011, 2014 гъэхэм, а тхылъым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр иIэу дунейм къытехьащ.
ПщафIэм, егъэджакIуэм и лэжьыгъэр гулъытэншэуи къэнакъым. Абы мызэ-мытIэу IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
И лэжьыгъэм теухуауэ екIуэкI зэIущIэхэм, зэхьэзэхуэхэм жыджэру хэтт Олег. Абы къызэрилъытэмкIэ, уи Iэзагъэм хэбгъэхъуэнымкIэ, уи IэщIагъэм и щэху нэхъыбэ къэпщIэнымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы сытым дежи и зэфIэкI щигъэлъагъуэрт ПщафIэхэм я республикэ, урысей зэпеуэхэм икIи ехъулIэныгъэхэр иIэу утыку къикIыжырт. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм ящыщу Таум нэхъыбэрэ игу къигъэкIыжхэм ящыщщ I960 гъэм Москва щекIуэкIа, лъэпкъ шхыныгъуэхэм я зэпеуэр. Абы щыгъуэм Олег игъэхьэзыра джэд лыбжьэм етIуанэ увыпIэр къыхуагъэфэщат.
- Адыгэ шхыныгъуэхэм нэхърэ нэхъ IэфIи нэхъ гурыхьи щыIэкъым. Ауэ а псоми сахэдэжмэ, джэд лыбжьэм пэсщIын яхэткъым, - жеIэ Тау Олег.

Тамбий Заремэ.
Поделиться: