Алыхьым зэриухам хуэдэу хъуащ

Илъэс 85-рэ къэзыгъэщIауэ иджыри езыкъутэкIыу псэу Аслъэн дадэ къызжиIэжащ мы хъыбарыр.
Си джэгу хэтыгъуэ-къэшэгъуэт. Ар къысIэрымыхьэмэ, сылIэн сфIэщIу сызыпылъ хъыджэбз дахэр хьэгъуэлIыгъуэм къыщызгъэуджу дыздыхэтым: «Мы утыкум ди гурыIупсыр къажэу куэдрэ цым-цым жоуэ димыту, сеуэу ныжэбэ усхьын», – жызоIэ. И дамэр дришейри зыкъысхуигъэфIэIуа мыхъумэ, хъуни-мыхъуни къызжимыIэу си япэкIэ къэзыгъэуджу сэ къызыIэпысха щIалэмкIэ еплъэкIащ. Сэри, абы къисхаи щымыIэу, «апхуэдэурэ укъыдэнэжынущ уэ…» – жысIэу сыдэгушыIэурэ сыкъыздекIуэкIым, нетIэ къызыIэщIэсха, пащIэ дахэ зытет щIалэм сIэпихыжащ.
Аурэ, уджыр ягъэувыIэри, къэфэным щIадзэжащ. Си къэфэгъуэ чэзур къыщысынум сыпимыгъаплъэу, си ныбжьэгъужь Зулхьэчим къыскIэрыхъыжьэри, езыр зыпылъ хъыджэбзыр здэщыIэ нэгъуэщI джэгу гуэрым сишащ. Дезэшыху дыкъыщыфащ, дыщыуджащ, джэгур яухри, щхьэж и унэ дызэбгрыкIыжащ… Сыкъэсыжмэ, ди пщIантIэм зы шыгу зэщIэщIа дэтщ и вожэр бжыхьым едзэкIауэ. Ди анэр унэбжэм итщ: «А щIалэ, ныжэбэ жэщым дэнэ ущыкIуэда? Нысэ къыдахьэлIащ…». «Хэт?!» – жызоIэ, си жьэр Iурыхуауэ. ПащIэ дахэ зытет егъэджакIуэ Лъостэнащ (ар ди анэмкIэ ди Iыхьлыт) сэ сызыпылъ хъыджэбзыр къигъэкIуасэри, ди деж кърихьэлIауэ арат. Къэхъуар си фIэщ схуэмыщIу, нысащIэр зыщIэс пэшым сыщIэлъэдащ си нэшхуитIыр къихуу.
Арат. ИлъэситI хъуауэ сызыпылъ, ныщхьэбэ къыщызгъэуджым зи дамэр дэзышея си хъыджэбзыр жэщитI фIэкIа джэгум щимылъэгъуа щIалэ пащIэ дахэм къигъэкIуасэри, ди деж кърихьэлIауэ си лэгъунэм щIэт гъуэлъыпIэ гъэщIэрэщIам зигъэнэмысыфIэу кIэрытт. Лъостэнащи, мэзым щIэтым я нэхъ дахэ щыхьыр зэ уэгъуэм къизыуда щакIуэжьым хуэдэу, зыIурыбзаеу адэкIэ къыщытт.
НэгъуэщI къысхуэнэжатэкъыми, нысащIэм соупщI:
 – Мыр пэж?!
– Пэжщ, тхьэ.
 – Дауэ ухъу?
– Алыхь Iуэхущ. Абы зэриухам хуэдэу хъуащ…
Сэ щауэкъуэт сыхъунутэкъыми, си щхьэр дэсхри, нысащIэр зейм и унэ ирашэлIэжыху сыкъекIуэлIэжакъым. ФIыуэ слъагъуу, езыми сыкъилъагъужу къысщыхъу си къэшэным апхуэдэу щIищIар нобэми къысхуэщIакъым.
*  *  *
Си ныбжьэгъужьым жьы хъужыхукIэ къыхуэмыщIа щхьэусыгъуэр мырауэ пIэрэ жызоIэ: зи ишэгъуэ хъыджэбз хьэзырыр илъэситIкIэ къигъэбырсейри къыщимышэм, зышэн щIалэ хьэзыру къыкъуэкIри, дэкIуауэ аркъудейщ.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: