ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм къапэщылъ Iуэхухэр

УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ хэтащ. Ар теухуат дунейм щыщыIэ хъуа щытыкIэм елъытауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэ хъунур зыхуэдэм, еджэныгъэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ къызэпымыудауэ и мардэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейм.

Университетхэм я лэжьыгъэр къэзылъахъэхэм ящыщщ дунейм щыщыIэ хъуа политикэ щытыкIэ хьэлъэр еджэныгъэм лъэIэс зэрыхъур, коронавирус узыфэ зэрыцIалэми а Iуэхухэр къызэригъэтIасхъэр. Апхуэдэу и гугъу ящ1ащ хамэщI щыIэ ди лъахэгъу студентхэм защIэгъэкъуэн зэрыхуейм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм дунейпсом щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм и гъэкIуэтэкIэ хъунум, нэгъуэщIхэми.

УФ-м щIэджэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министр Фальков Валерэ къыхигъэщащ мы лъэхъэнэм нэхъыбэу я нэIэ зытрагъэтын хуейр махуэрыеджэ студентхэмрэ абыхэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэрызрагъэгъуэт программэхэмрэ арауэ зэрыщытыр. «ИлъэситI лъандэрэ ди программэхэр дгъэзащIэ-дымыгъэзащIэу долажьэ, шэч хэмылъуи, коронавирусым и ягъэ еджэныгъэми екIащ. Узыфэм и шынагъэр тщхьэщыкIыпауэ щымытми, мащIэу дыкъыщIидзыжа хуэдэщи, иджыпсту къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм ящыщщ студентхэм я щIэныгъэр зырызыххэу къэтпщытэныр, яIэ хъуа есэныгъэхэр зыхуэдэр къэзыхутэ лэжьыгъэхэр едгъэкIуэкIыныр. Къарууэ диIэр «уэху» щыжытIа зэман мащIэм етхьэлIэу ди щыщIэныгъэхэр дгъэкIуэдын хуейщ. ФIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди щIалэгъуалэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэми хэшэн хуейуэ къызэрытпэплъэр», – жиIащ министрым.

Апхуэдэу унафэщIым зэхуэсым хэтхэм гу лъаригъэтащ психолог лэжьыгъэм иIэ мыхьэнэми. «Куэдым къафIэIуэхукъым, ауэ цIыхум и узыншагъэмрэ и акъылым и зэпIэзэрытагъымрэ ди щыIэныгъэри, абы къыхэкIыжу ди еджэныгъэри мымащ1эу елъытащ. Iэмалыншэу студентхэм зызыхуагъазэ хъун психолог IэщIагъэлIхэр щыIэн, абы щыфIэкIыжауэ зэIущIапIэ щхьэхуэхэр къахузэгъэпэщын хуейщ. Псом хуэмыдэу егъэджакIуэхэм гулъытэ хэха хуащIыпхъэщ хамэ къэрал къикIа студентхэм. – къыхигъэщащ Фальков Валерэ. – Зыщывмыгъэгъупщэ Украинэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр, а къэралым къикIауэ ди университетхэм щеджэ щIалэгъуалэр гугъу зэрехьыр, абыхэм зэрытхузэфIэкIкIэ щIэгъэкъуэн дахуэхъун хуейуэ хьэкъ дызэриIэр».

Университетым щекIуэкI егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зымащIэкIи пемыдзыхауэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри къызэрызэгъэпэщыпхъэм и гугъу ищIащ министрым.

«Дызыхэта зэIущIэшхуэм министрым щыжиIащ 2021, 2022 гъэхэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ ятеухуауэ къыхалъхьа проектхэр зэрызэпымыунур, абыхэм хухаха сомри къанэ щымыIэу къызэрыхуаутIыпщынур. Апхуэдэу шэщIауэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ еджэныгъэм пэIудзауэ, онлайн-жыпхъэм иту дерсхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэм, абыхэм егъэджакIуэ нэхъыбэм пандемие лъэхъэнэм зрагъэгъуэта есэныгъэмрэ лэжьэкIэмрэ къызэрыхэлъытапхъэм. КъБКъУ-м и лэжьыгъэр нобэр къыздэсым апхуэдэу зэхэухуэнауэ йокIуэкI – IэщIагъэм епха дерс унэтIыныгъэхэр пэIудза лэжьэкIэм щимытIасэм деж, къыдошалIэ, онлайн-жыпхъэр къыщезэгъым деж – абы тету Iуэхур идогъэкIуэкI. Дауи, гугъущ егъэджэныгъэм къыхыхьэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ мардэщIэхэмрэ апхуэдэ щытыкIэм уиту зэпымыууэ студентхэм яхыупщэныр, ауэ ди ехъулIэныгъэр абы зыкъомкIэ епхауэ зэрыщытыр къэплъытэмэ, Iэмалу иIэр идохьэлIэ еджэныгъэр зэрыуэзэрыбг зэрымыхъуным, зэманым къыкIэрымыхуу зэрызэтедублэным. КъБКъУ-м мы лъэхъэнэм студент мин 17-м нэблагъэ щоджэ, етIуанэ IэщIагъэр зэзыгъэгъуэтыжхэм я программэхэмкIэ 2021 гъэм ди университетым цIыху мини 10-м щIигъу щеджэрт. Ди лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд щIалэгъуалэ политикэм. Студентхэм ядэлажьэ къудамэм зедгъэубгъуащ, гулъытэ зыхуищIыпхъэ IэнатIэхэм я гъэпсыкIэм зедгъэхъуэжащ. КъБКъУ-м лъэпкъ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, гъуазджэ, спорт, волонтёр зэгухьэныгъэхэри жыджэру щолажьэ, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэри нэхъри щIэдгъэхуэбжьэну ди гугъэщ», – жиIащ Алътуд Юрэ.

Апхуэдэу зэIущIэм арэзы щытехъуащ еджэныгъэр къэзыIэт, лъэпкъ куэдым щыщ студентхэм я зэхущытыкIэр езыгъэфIакIуэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным теухуа жэрдэмым. КъызэралъытамкIэ, университетхэм екIуалIэ щIалэгъуалэм я процент 15 нэхърэ мынэхъ мащIэр гъунэгъу щIыналъэхэм къикIащ. А щытыкIэм зэгурыIуэмрэ мамырыгъэмрэ хуэзыгъэуш Iуэхухэм я мыхьэнэр къеIэт.

«Ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм я Iыхьэ пщIанэр хамэ къэрал 40-м къикIащ. Махуэ щIагъуэ дэкIыркъым абыхэм я Iуэхур зэзыгъэзахуэ, зыщIэупщIэхэм жэуап щрат къудамэм пщIы бжыгъэкIэрэ цIыху къыщемыкIуалIэ. Дэ ди къалэну къыдолъытэ дуней псом ди пщIэр щылъагэн щхьэкIэ хамэ къэрал къикIахэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэтщIын, абыхэм я Iуэху зыIутым ди нэIэ тедгъэтын хуейуэ», – къыхигъэщащ Алътудым.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ и лъэныкъуэкIэ игъуэт зыужьыныгъэр зыкъомкIэ туризмэм епхащ. Илъэсым и кIуэцIкIэ зэпымыууэ щIыпIэхэр къэзыплъыхь цIыхухэр хэгъэгум къохьэ. Абыхэм ящыщщ ди студентхэри. Куэд щIакъым КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм узыншагъэм щыкIэлъыплъ икIи ар щызэфIагъэувэж центр ди студент жыджэрхэм папщIэ къызэрызэдгъэпэщрэ. Фальков Валерэ психолог хуэIухуэщIэхэм мыхьэнэшхуэ яриту тепсэлъыхьащ. Зи гугъу сщIы центрыр а 1уэхум хуэунэт1а зы лэжьыгъэшхуэу къетхьэлIахэм ящыщщ. Абы нэмыщI, дызэрыт илъэсым КъБКъУ-м «Психолог дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центр» къыщызэдгъэпэщащ. Медицинэ IэнатIэм епха къэхутэныгъэхэм къадэкIуэу, абы узыншагъэм теухуауэ цIыхур зыузэщI зэIущIэхэр, психологие тренингхэр, мастер-классхэр иригъэкIуэкIынущ. Зэрынэрылъагъущи, къэралым еджапIэ нэхъыщхьэхэм яхуигъэув къалэнхэм зыкъомкIэ япэ иту докIуатэ, зыдоужь», – жиIащ Алътуд Юрэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: