Шыргупс – Щэхъурадж - Чехрак

    КъухьэпIэ Кавказым щежэх псыхэм ящыщ зыщ. Лабэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ холъадэ.

Зэреджэм и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Ар тыркухэм я бзэм къытехъукIауэ тезыгъэчыныхьхэм «чага» Iыхьэр «псы» псалъэм, «арык» пычыгъуэр «цIыкIу» мыхьэнэм хуагъакIуэ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, «Чагарык» жыIэкIэр и лъабжьэщ ди зэманым кIахэ адыгэхэм къагъэсэбэп «Щэхъурадж» щIыпIэцIэм, къэпсэлъыкIэхэр щIызэщхьэщыкIам и щхьэусыгъуэри фонетикэм къыщыхъу хабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуахь.  

Къыхэдгъэщынщи, зи гугъу тщIы щIыпIэцIэм ехьэлIауэ тхыдэтххэм я лэжъыгъэхэм дыщрохьэлIэ «Щыгупсын» псалъэми.

Кавказым ис лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыджа урыс этнограф, щIэныгъэлI Люлье Леонтий (I834 гъэм къыщыщIэдзауэ Кавказым щыIащ, пащтыхьым и дзэпщ генерал-лейтенант Вельяминов Алексей деж къулыкъу щищIэу) къызэрилъытэу щытамкIэ, «Щыгупсын» жыIэкIэр шапсыгъ адыгэхэм я «Щэнджыпсыхъуэ» щIыпIэцIэм къытехъукIащ. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, шапсыгъхэр здыIусар хы ФIыцIэ Iуфэм и закъуэкъым, атIэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и лъэныкъуэмкIи щыпсэуащ. Мыбдежым «щэндж» Iыхьэр кIахэбзэм хэт псалъэщ, «чэнж» мыхьэнэр къыщикIыу. «Псыхъу»-р «псыхъуэ»-щ.    

АтIэми, лъахэхутэхэм яхэтщ мы тIуащIэм ехьэлIауэ ди зэманым къэдгъэсэбэп «Щэхъурадж» псалъэм нэхърэ «Шыргупс» жыIэкIэр нэхъ зыфIэкъэбылхэри. Апхуэдэу, этнограф икIи тхакIуэ цIэрыIуэ Васюков Семён, нэхъ жыжьэжу мэIэбэри, «Шыргупс» щIыпIэцIэр кIэмыргуейхэм я тхьэхэм ящыщ зым зэреджэу щытам хуехь.

А къэхутакIуэм «Шыргупс» фIэщыгъэм хэт япэ Iыхьэр, «шыр» жыхуиIэр, «Iеягъэ» мыхьэнэ зиIэу хьэрыпыбзэм къыщыкIуэ «шер» псалъэм ирегъэщхьщ. ЩIыпIэцIэм и етIуанэ, ещанэ Iыхьэхэм, «гу», «псы» жыхуэтIэхэм, къарыкIыр нэрылъагъущ, адыгэбзэ къабзэщи. Аращи, Васюковыр зэрегупсысамкIэ, «Шыргупс» («Шергупс») фIэщыгъэр «Iейм ущызыхъумэ псы», «Iейр езытхьэщIэх псы» мыхьэнэхэм етхьэлIэ хъунущ.

Иджырей Адыгэ Республикэм и щIыналъэми абы къегъэщIылIа щIыгуми «шыргу» пычыгъуэр зыхэтлъагъуэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, Абхъаз Республикэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ гъунапкъэм мыдэкIэ къыщыс Адлер къалэ цIыкIум пэгъунэгъу бгыхэм ящыщ зым «Шыргупс» цIэр зэрехьэ, Анапэ къедза щIыналъэм щежэх псыхэм язми аращ зэреджэр.                

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: