Адыгэлъ сщIэту къыщIэкIынщ

Кайя Ялчын езыр лъэпкъкIэ тыркущ, ауэ адыгэхэр егъэлеяуэ фIыуэ елъагъу, ди лъэпкъэгъу ныбжьэгъу куэд иIэщ. Абы тхылъ тIощIым нэблагъэ къыдигъэкIащ, иужьрейр зытриухуар зэрыцIыкIурэ къызыдэгъуэгурыкIуэ адыгэхэрщ. Ялчын куэд щIауэ ецIыху адыгэхэр, абыхэм я хъыбар зэхиха, лъэпкъым и  щхьэ кърикIуар къищIа нэужь, абы нэгъуэщIхэри щигъэгъуэзэн хуейуэ къилъытэри, адыгэм теухуа дэфтэру къигъуэтар   лъабжьэ зыхуищIа тхылъ итхащ, напэкIуэцI I700-м щIигъуу. Хуабжьу гъэщIэгъуэнщ абы итхэр, Тыркум тхылъу къыщыдагъэкIар къыумылъыхъуэу, «Шэрджэсхэр» томищым уеджэмэ,  адыгэм и шыфIэлIыфэр, и псэукIэр къэпщIэнущ.  Япэ томым тхыдэ хэткъым, абы къыщегъэлъагъуэ адыгэр зи щIысыр, и цIыху щIыкIэр, и хабзэр зыхуэдэр, хьэщIэхуэфIу зэрыщытыр, лIыгъэ зэрыхэлъыр, и дуней тетыкIэр.

Адыгэр зэрылъэпкъыфIыр, зэрыцIыхуфIыр хьэкъыу пхыкIауэ апхуэдэщи, къигъэлъагъуэ Iуэхугъуэхэр уи фIэщ игъэхъуу матхэ Ялчын. Абы папщIэ фIыщIэ ин хуэфащэщ. КъыкIэлъыкIуэ томхэр тхыдэ Iуэхущ нэхъ зытеухуар. Адыгэм и къежьапIэм теухуауэ, хуагъэфащэ мыхъумэ, IупщIу тхауэ зыри щыIэкъым, ауэ а щыIэр зэхуихьэсри, ди пащхьэ кърилъхьащ.   

«Сэ сыадыгэкъым, ауэ адыгэ ныбжьэгъухэр куэду сиIэт, абыхэм цIыхугъэ, хабзэ ядэслъагъути, сфIэгъэщIэгъуэну иужь сихьащ мы Iуэхум. Илъэс I5 и пэкIэ, Тыркум щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр зэзгъащIэмэ, сфIэфу щIэздзат.

Япэ томым илъэситкIэ селэжьащ. Тхыгъэхэр зэхуэсхьэсурэ щIэзджыкIыху нэхъри сыхилъасэрт. Урыс-Кавказ зауэр зэрекIуэкIар, абы адыгэхэм къахуихьа мыгъуагъэм псом нэхъыбэу сыдихьэхри, етIуанэ томыр стхащ, ещанэри къыкIэлъыкIуащ адыгэр и хэкум зэрырахуар, здэкIуам я нэгум щыщIэкIар, гугъуехьу зыхэтар иту.

Тыркум  «шэрджэс» псалъэм мыхьэнищ щиIэщ. Хэкум ирахуу Уэсмэн щIыналъэм кIуахэм я нэхъыбэр адыгэти, ахэращ ар зытражыIыкIар. Ауэ адрейхэми адыгэ фащэ зэращыгъым, хабзэ зэрахэлъым щхьэкIэ, адыгэм ирагъэщхьри «шэрджэскIэ» еджэу, адыгэр, абазэр, убыхыр къызэщIиубыдэу къагъэсэбэпу хуежьащ. ИужькIэ, Кавказым иIэпхъукIауэ хъуар - балъкъэрхэри, къэрэшейхэри, шэшэнхэри, ингушхэри, къущхьэхэри, дагъыстэн лъэпкъхэри – «шэрджэсым» хабжэ. Ахэр я хабзэкIэ, я фащэкIэ тIэкIу адыгэм ещхьу зэрыщытым щхьэкIэ, япэ томым хэзгъэхьэри мащIэу сатетхыхьащ.

Псом нэхъыбэу адыгэ жылагъуэ псэукIэращ сфIэгъэщIэгъуэну зи гугъу сщIыр. Абы хохьэ хьэгъуэлIыгъуэр, нысашэр,  тхьэмадэм иIэ пщIэр, абы и къалэнхэр, нэгъуэщIхэри. А псоми цIыхубэм яфIэгъэщIэгъуэну лъабжьэ хуэхъужыр адыгэ хабзэращ. А хабзэм тету псори йокIуэкI, Iуэху пыухыкIар жыпхъэ гуэрым итын зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ, ауэ адыгэр хабзэм тету мэпсэу, и нэхъ IуэхущIафэ цIыкIуми мыхьэнэ гуэр иIэу.

Мы Iуэхум гугъуу хэлъар мыращ. Зы тхыдэ кIапэ гуэрыр зэмыщхьу къыщыгъэлъэгъуэжа тхылъ куэд срихьэлIащ. Псалъэм папщIэ,  шапсыгъым щитхым деж езым и лIакъуэр нэхъ япэ иригъэщу, къэбэрдейми езым ейр игъэнэхъыфIу урохьэлIэ. Апхуэдэм деж птхыр зэпыбогъэури, зыщIэхэм уоупщI, уочэнджэщ. Е а Iуэхугъуэм мыадыгэу тетхыхьа гуэрым и IэдакъэщIэкI къыбогъуэтри, абы ибогъапщэ. Сэ тхылъым иужь сыщихьэм пэж фIэкIа сымытхыну къалэн зыщысщIыжати, ар къэслъыхъуащ зэрысхузэфIэкIкIэ.

Мыхэр стхыну сыщыхуежьэм упщIэ зэстыжащ сэ. Ярэби, мыпхуэдизу сызыIэпишауэ мы Iуэхум иужь щхьэ сихьауэ пIэрэ? Адыгэлъ сщIэту пIэрэ? Си анэ тхьэмыщкIэм  ныбжьыфI къигъэщIат. Абы сеупщIат: «Адыгэм зыгуэркIэ дапыщIауэ пIэрэ, щхьэ мыпхуэдизу сыдихьэха мы Iуэхум?», - жысIэри. Си анэм зэрыжиIамкIэ, абы и анэр  Кавказым къикIат, ар къызыхэкIам зыри хищIыкIыртэкъым, ауэ Элифт и цIэри, «Шэрджэс ЭлифкIэ» къеджэу зэрыщытар ищIэжт.  

Адыгэлъ схэлъу къыщIэкIынщ, армырамэ  зэхэсхыу хъуам, слъагъуу хъуам щхьэ сызыIэпишэрэт, ар псынщIэу тхылъымпIэ напэм тестхэну щхьэ сыхуэпабгъэрэт?! Налшык сыщыIа нэужь, а псор нэхъ спэгъунэгъуж хъуащ. Си къуажэжь сыдыхьэжа, си Iыхьлыхэм сахыхьэжа хуэдэу къысщыхъуащ. Ар сэ си закъуэкъым, къапщтэмэ, къызыщыщIар. Тхыдэм уриплъэжмэ, Кавказым къэкIуауэ щыта псоми ар я псэм хэлъу ягъэзэжащ, Белл Джеймс жыпIэми, Лонгворти, нэгъуэщIхэми.

Сэ мыбы къина адыгэхэр нэхъ урысщIэкъу хъуауэ къысщыхъурт. Я бзэр ямыщIэжу, я хабзэм пщIэ хуамыщIыжу пIэрэ жысIэрт. Налшык сыщыIа нэужь, жысIэфынущ: адыгэр къызэтенащ. Тыркум щыпсэу адыгэхэми хэкурысхэми я адыгагъэри, я бзэри, я цIыхугъэри зэрагъэхь щымыIэу зэщхьщ. ХьэщIэхуэфIщ, гуапэщ адыгэхэр», - жеIэ тырку тхакIуэ Кайя Ялчын.

 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: