Кавказым и хъугъуэфIыгъуэхэм зыщагъэгъуазэу

 «РЖД» ОАО-мрэ Къээбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэгъусэу проектитI ди щIыналъэм щагъэзэщIэну зэгурыIуащ. Ар «Жемчужина Кавказа» гъущIгъуэгу круизхэмрэ «Гастрономический тур на Кавказ» проектымрэщ.
Тхьэмахуэ къэс «Жемчужина Кавказа» мафIэгум Налшык къалэ туристхэр къишэнущ. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зы махуэм къриубыдэу нэгузыужь зыплъыхьакIуэхэхэр щрагъэкIуэкIынущ. КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ дэкI хъунущ е зэрегуакIуэм хуэдэ унэтIыныгъэ щхьэхуэ къыхахыну хуитщ.
«Гастрономический тур на Кавказ» - ди щIыпIэм и шхын IэфIхэр къыщапщытэ зыплъыхьакIуэ программэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэщIэхэм къащыпоплъэ «лъагапIэм щыIэ» дэлэн гъэхьэзырынымкIэ мастер класс. Абы дэтхэнэ зыри пщафIэу зыкъыщыщыхъужыну Iэмал иIэщ, пщэфIэным и щэхухэми зыщагъэгъуэзэфынущ. Нартсанэ (Кисловодск) щIым къыщыщIэж щIыпIэм ирашэлIэнурэ псы хущхъуэм ирагъэфэнущ.
 «Жемчужина Кавказа» проектым ди щIыналъэр хэтыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм 202I гъэм щIадзащ. «Урысей и гъущI гъуэгухэр» ОАО-м и лIыкIуэхэм папщIэ КъБР-м КурортхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща хъыбарегъащIэ турым къриубыдэу къыщыхахри зэхагъэувауэ щытащ щIыналъэм узыщеплъ хъуну щIыпIэ зыбжанэ.
Япэ мафIэгур Налшык къалэм къригъэблэгъэнущ накъыгъэм и 2-м. ЦIыху 200-м щIигъу зэуэ ежьэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщаплъыхьыну.
«Жемчужина Кавказа» - ар гъуэгуанэ гъэщIэгъуэнщ. ТхьэмахуэкIэ мафIэгур шэрхъ зыщIэт хьэщIэщ хъунущ икIи махуэ къэс къалэщIэм дыхьэнущ. Мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ фокIадэ мазэ пщIондэ турист мафIэгур щэбэт къэс Мэзкуу и Казанскэ вокзалым къыщытекIынущ.
Программэр зэрызэхагъэувамкIэ, махуэр туристхэр зыплъыхьакIуэхэм хухахынущ, жэщыр мафIэгум щагъэкIуэнущ, ар шэрхъ зыщIэт хьэщIэщ хуэдэу къагъэсэбэпу.
Гъуэгуанэм къриубыдэу мафIэгур зэман кIыхькIэ къыщыувыIэнущ Майкъуапэ, Налшык, Грознэ, Мэхъэчкъалэ, Дербент, Кисловодск. А къалэхэм зыплъыхьакIуэхэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ щIыналъэхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм.  
Псори зэхэту нэгузыужьыр жэщибл-махуиблкIэ екIуэкIынущ. Мэзкуу мафIэгур екIуэлIэжынущ мэрем махуэхэм.
ЗыплъыхьакIуэм туристхэм къызэIуахынущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ телъыджэхэр – щIыуэпсым и теплъэ дахэхэр, тхыдэ-архитектурэ комплексхэр, псы хухъущIэ къыщIэжыпIэхэр.

Мэзкуу Къан.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу