КъыхэтхыкIым кърикIуахэрКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ. Ахэр тепсэлъыхьащ статистикэмкIэ республикэ IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуам. IуэхущIапIэр нэхъыщхьэу зиужь итахэм ящыщщ 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 14 пщIондэ ирагъэкIуэкIа Урысейпсо къыхэтхыкIыныгъэр. Иджы япэу Iуэхум къыщагъэсэбэпащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиер. КъыхэтхыкIыныгъэм къыхаша волонтёрхэр сэбэп хъуащ планшетхэм унагъуэхэм ятеухуахэр иратхэнымкIэ. Апхуэдэуи Iуэхур нэхъ тынш ищIырт «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» сайтымкIэ зебгъэтх зэрыхъум.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|