Хэку хъумэным къыдэхуакъым

Адыгэ-абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар зыдж еджагъэшхуэ куэдым къызэралъытэмкIэ, адыгэхэм я къежьапIэу убж хъунущ илъэс минитхукIэ узэIэбэкIыжмэ, щыIа Хьэт къэралыгъуэжьыр.
А къэралыгъуэм хыхьэу щытащ хы ФIыцIэ Iуфэхэр хиубыдэу Анатолиер (иджы Тыркур), КъухьэпIэ Кавказыр (иджырей Грузиер), Абхъазыр, Краснодар крайр, Адыгейр. Хьэт къэралыгъуэр къэзыгъэхъуа хьэтит лъэпкъым хыхьэ лIакъуэхэу абешла, кашк жыхуиIэхэрауэ ялъытэр адыгэ-абхъаз-абазэхэм я къежьапIэр. Кашк цIэм къытекIыжауэ ябж зэман жыжьэхэм адыгэхэм зэреджэу щыта кешак, кашаг, касог цIэхэр.
Ди лъэхъэнэм и пэкIэ е 8-нэ - 7-нэ лIэщIыгъуэхэм къыщыщIедзэр кашк, абешла жыхуиIэ хьэтит лIакъуэхэм къатехъукIыжа Мэуэт къэралыгъуэм. Мэуэт къэралыгъуэр адыгэ лIакIуэ куэду зэхэтт. Абыхэм ящыщт синдхэр, ахейхэр, керкетхэр, зиххэр.
Адыгэхэр сыт щыгъуи езыхэм я Хэку исыжащ икIи нэгъуэщI лъэпкъ адыгэ щIыналъэм исауэ тхыдэм ущрихьэлIэркъым. Адыгэ щIыналъэу ябжу щытащ ищхъэрэмкIэ Тэн псым къыщыщIэдзауэ Кавказ мылылъэ бгыжьхэм ипщэкIэ еуалIэу. КъуэкIыпIэмкIэ адыгэ щIыгур нэст Сунжэ псыр Тэрч щыхэлъэдэжым.
Абы лъандэрэ блэкIа илъэсищэ бжыгъэхэм адыгэхэм я щIыгукIи я бжыгъэкIи хэщIурэ кIуащ. А лIэщIыгъуэ хьэлъэхэм адыгэхэр зауэ зэпымычым хэтащ. Адыгэ щIыналъэ дахэм, псомкIи бейм, Iузэв хым, хы ФIыцIэм лъэкIыныгъэшхуэу къаритым Iэджэ къехъуапсэрт икIи апхуэдиз зи телъыджагъ Хэкум къезэуэн мурадкIэ, къэрал куэдым я дзэ IэщэкIэ зэщIэузэдахэр къизэрыгуэрт. Илъэсищэ бжыгъэкIэ абыхэм япэщIэтурэ, я щхьэ, я Хэку яхъумэжыным къарууэ яIэр трагъэкIуадэурэ, я псэм емыблэжурэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Мис аращ ди лъэпкъым къалэшхуэхэр, чэщанэхэр куэду ищIын щIыхущIэмыхьар.
НобэкIэ адыгэхэр щопсэу Урысейм хыхьэ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхьэрэ-Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм. Ахэр езыхэр псори адыгэкIэ зоджэж, ауэ тхылъхэм щратхэкIэ адыгей, къэбэрдей, шэрджэс жиIэу ятх, а цIэ дыдэхэмкIи нэгъуэщI лъэпкъхэр къыдоджэ.
Урыс пащтыхьым е 18-19-нэ лIыщIыгъуэхэм иригъэкIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд-зэрыпхъуакIуэ политикэм и зэранкIэ илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьыр щиухым абы адыгэу къелам и процент 90-р Хэкужьым ирахури, Тыркум яхуауэ щытащ. А лъыгъажэшхуэ зауэм адыгэуи нэгъуэщI бгырыс лъэпкъхэуи хэкIуэдар зыхуэдизыр иджыри зыми къибжыфакъым.
НобэкIэ хамэ къэралхэм адыгэу щопсэу мелуан зыбжанэм щIигъу. Адыгэм и нэхъыбэр зэрысыр Тырку къэралырщ, щыIэхэщ Сирием, Мысырым, Иорданым, КъуэкIыпIэ гъунэгъум и адрей къэралхэми, Балканым, КъухьэпIэ Европэм, Америкэм. Адыгэхэу Урысейм исыр мин 700-м нос.
Япэми хуэдэу, ноби адыгэхэр лIакъуэ зыбжанэу зэхэтщ, хэкужьырыс адыгэхэм яхохьэр лъакъуэхэу: шапсыгъэхэр - зыщыпсэур хы ФIыцIэ Iуфэрщ, бжьэдыгъухэр, абазэхэхэр, кIэмыргуейхэр - Адыгэ Республикэм исхэщ. Беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр - Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, къэбэрдейхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм исщ. Адыгэ чыристэнхэр Осетие Ищхъэрэм и Мэздэгу районым исхэщ, Ставрополь, Краснодар крайхэми яхэпхъауэ къуажэ зыбжанэ яхэсщ.
Адыгэхэр дунейпсо цIыхубэ цивилизацэм хэлъхьэныгъэ гъэнэхуа хуэзыщIа, ар зыгъэкIуэта лъэпкъхэм ящыщщ. Египет, Сирие, Иордание къэралхэр зэфIэувэн щхьэкIэ, а щIыналъэхэр псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я лIыгъэ, я акъыл, я гуащIэшхуэ халъхьэурэ къогъуэгурыкIуэ, ноби щагъэтакъым. Тырку къэралри зэфIэувэным, щэнхабзэм, литературэм заужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди лъэпкъым.
Адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэр Киевскэ Русым къыщожьэ. Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэн папщIэ нэгъэсауэ къулыкъушхуэ щагъэзэщIащ, я гъащIэ куэди халъхьащ адыгэпщхэм, ахэм къатехъукIыжу лIэщIыгъуэхэм урысхэм зыхэзыгуэшэжа я бынхэм уеблэмэ, адыгэпщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней Иван Грознэм и щхьэгъусащ.
Адыгэхэм я хабзэхэр, адыгагъэр, я фащэр, Iэщэхэр, нарт эпосыр, я щIыгу лэжьыкIэр, адыгэшхэр, Iэщ зехуэкIэр, нэгъуэщI куэди гъунэгъу лъэпкъхэм яфIэфIу ящтащ икIи ахэр адыгэхэм зэраIэрыкIыр ящыгъупщэркъым. Зэрыкавказу зэлъащIысащ адыгэ фащэр, ди къафэхэр, къызыдэфэ макъамэхэр. Тхыдэм зы щIыпIи къыщыхэщкъым адыгэхэр, сыт хуэдэу лъэщу щымытами, нэгъуэщI къэрал е нэмыщI лъэпкъ теуэу, зауэ иращIэкIыу къазэуауэ. Ауэ езы адыгэхэм я тхыдэ кIыхьым сыт щыгъуи къахудэхуащ я Хэкур яхъумэжын, кIэи бжыхьи зимыIэж биймрэ ахэм къращIылIэ зауаехэмрэ япэщIэтын.
Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэмызами, яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэжын.

Поделиться: