Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ЕхъулIэныгъэхэр зэрызыIэрагъэхьам икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыпIэ самоуправленэм и IэнатIэхэм илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрыщылажьэм къыхэкIыу
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын
Джаппуев Руслан Камал и къуэм - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэ­дзэм - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и уна­фэщIым и къуэдзэм
Кефер Иринэ Эдуард и пхъум - Прохладнэ муниципальнэ районым хыхьэ Пролетарскэ къуа­жэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым   и депутатым
Уэйт Анатолэ Залым и къуэм - Бахъсэн муниципальнэ районым и  щIыпIэ администрацэм и Iэ­тащхьэм псэукIэр къызэгъэпэщынымрэ шынагъуэншагъэмкIэ и къуэдзэм;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын
Къардэн Назир Мухьэмэд и къуэм - Бахъсэн къалэ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм псэукIэр къызэгъэпэщынымрэ шынагъуэншагъэмкIэ и ­къуэдзэм.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Iэтащхьэ                              КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м
№38-УГ

Поделиться: