Шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и къудамэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ оперативнэ штабым и зэ­IущIэ. Ар теухуауэ щытащ чыристан диныр зезыхьэхэм я IутIыж махуэм, Адыгэ ныпым и махуэм, Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэш­хуэм, Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 77-рэ зэрырикъум теухуауэ цIыхушхуэ кърихьэлIэу екIуэкIыну дауэдапщэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэ­пэщыным.

Лъэпкъ гвардием и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм хэтащ щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ, МВД-м и щIыналъэ IуэхущIапIэхэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Налшык къалэ администрацэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ махуэшхуэхэм жылагъуэ хабзэр хъумэнымрэ цIыхухэм я шы­нагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ хуэунэ­тIауэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм.

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: