Iэужь дахэ лъэпкъым къыхуэзыгъэна

Теунэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу

Лъэпкъ литературэм и дыжьыныгъуэ тхакIуэхэм ящыщу къалъытэ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ноби къы­дэущие, пасэрей хабзэжьхэм дыхуэзыгъэсэж, гъащIэм и IэмалхэмкIэ къыддэгуашэу къытхэт пэлъытэ Теунэ Хьэчим.
Ар Тэрч щIыналъэм хыхьэ Арыкъ къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ рабфакыр, Москва журналистикэмкIэ и институтым ­газетхэм политикэмкIэ ща­Iэ къудамэхэм я редактор курсхэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтыр, Москва щыIэ Ли­тературэ курс нэхъыщхьэхэр къиухащ Теунэм. 30 гъэхэм «Ленин гъуэгу» газетым щэнхабзэмкIэ и къудамэм щы­лэжьащ. ИужькIэ республикэм и щIалэгъуалэ газетым и редактор къулыкъум пэрытащ. Хэку зауэшхуэм и зэманымрэ абы и ужь лъэхъэнэмрэ Теунэ Хьэчим ВЛКСМ-м и обкомым и секретару, республикэм и радиокомитетым и унафэщIу лэжьащ. Ар хахауэ щытащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу. 1944 - 1951 гъэхэм Теунэ Хьэчим и унафэм щIэтащ республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр. Лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденымрэ ­медалитIрэ.
Теунэм и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу: «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр», «Аслъэн», «Псэм и IэфIыр къуатмэ», «ПовеститI», «Гъуэгу зэхэкIыпIэ», н.къ. языхэзым щымыгъуазэ щыIэу къыщIэкIынкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, курыт еджапIэхэм щыщIэдзауэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ куэдым я программэм хэтщ. Ауэ дэтхэнэ тхакIуэм и дежкIэ нэхъыщхьэращи, ар бэм фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ, абы и «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романым ­емыджа куэд щыIэу си фIэщ хъуркъым. Уеблэмэ ар нобэми зи IэфIыр мыкIуэда тхыгъэщ. ТхакIуэм и зэфIэкIым и щыхьэтыр и тхыгъэхэм къагъэщI гъащIэрамэ, Теунэм лейуэ ущIытепсэлъыхьын щыIэкъым.

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: