Махуэшхуэ хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащ­хьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэмкIэ ехъуэ­хъуащ чыристан диныр зезыхьэ ди лъахэгъухэм:

«ПщIэ зыхуэсщI ди лъахэгъухэ!
Си гуапэу сынывохъуэхъу IутIыжым (Пасхэм) и ­махуэмкIэ. Зефхьэ диным къызэригъэув хабзэм тету ефхьэкIа НэщI иным ипкъ иткIэ фшэча щыщIэ­ныгъэхэр зэриухам щыхьэт ­техъуэ а махуэм мы­хьэнэшхуэ иIэщ, дауи. Ар гъэлъэпIэным цIыхухэм ирапх псэкупсэ къэщIэрэщIыжыныгъэр, благъэхэм-рэ Iыхьлыхэмрэ цIыхум яхуиIэ гуапагъэр, шыIэныгъэр, зэхэщIыкIыр, гущIэгъур. Махуэшхуэм уна­гъуэхэм ирехьэ ­гукъыдэжыщIэхэмрэ гъащIэм епха гугъэщIэхэмрэ, узэ­къуегъэувэ икIи цIыхум уифI егъэ­кIыным, IуэхуфIхэр лэ­жьыным ухуегъэуш.
IутIыж махуэшхуэм иджыри зэ уигу къегъэкIыж лъэпкъ ­хабзэхэм сакъыу уахущытын зэрыхуейр. Ап­хуэдэу ар иджыри зы IэмалыфIщ, ди республикэмрэ къэралымрэ щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ гукъыдэжрэ дэрэжэ­гъуэкIэ уадэгуэшэнымкIэ, Урысей Фе­дерацэр къэ­-рал лъэщ икIи къарууфIэ зыщI псэкупсэ гупсысэ ­лъагэхэр, лъэпкъхэм къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр зи купщIэ нэхъыщхьэ махуэшхуэхэм ящыщ хъууэ.
Махуэшхуэ хъуэхъум хэхауэ къыхэзгъэщыну сы­хуейщ Урыс Православнэ Члисэм жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, дин, лъэпкъ фIыгъуэхэр хъумэнымкIэ, ахэр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъабжьэ быдэ щIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIигъэ-        кIыр.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ ­яIэну, заузэщIыну, дэтхэнэ унагъуэми насыпрэ зэ­пэ­щыныгъэрэ илъыну».

Поделиться: