НОБЭ

Лэжьыгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. 2003 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
Химие шынагъуэншагъэм и махуэщ

1563 гъэм Москва лэжьэн щыщIидзащ япэ типографием, Фёдоров Иванрэ Мстиславец Пётррэ ящIам. Ахэращ тезыдзар япэ тхылъыр.
1908 гъэм эсперанто бзэм и дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
1925 гъэм РСФСР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым къыдигъэкIащ «Къалэдэсым и цIэ-унэцIэр, и адэцIэр зэрыт и тхылъым ар щыпсэу щIыпIэри къыщыгъэлъэгъуэным теухуауэ» унафэр.
1945 гъэм Дзэ Плъыжьым и дзэхэм Рейхстагым ебгъэрыкIуэн щIадзащ.
1955 гъэм Ленинград къыщызэрагъэпэщащ офицерхэр щрагъаджэ, Суворовым и цIэр зезыхьэ еджапIэр.
1967 гъэм американ боксёр Клей Кассиус (Али Мухаммед) зэпеуэхэм хэтыну хуимыту унафэ къащтащ, абы США-м и дзэм къулыкъу щищIэн зэримыдэм къыхэкIыу.
1990 гъэм иужьрей дыдэу Совет Союзым и Маршал цIэр ятащ. Ар хуагъэфэщат Язов Дмитрий, а лъэхъэнэм ирихьэлIэу СССР-м зыхъумэжынымкIэ и министру щытар. Ар яхэтащ ГКЧП-р 1991 гъэм къызэзыгъэпэщахэм.
2001 гъэм космонавтхэм ящIыгъуу япэ дыдэу хьэршым лъэтащ турист. «Союз ТМ-32» кхъухьым ису абы щыгъуэ хьэршым лъэтащ космонавтхэу Батурин Юрий, Мусабаев Талгат, Америкэм щыщ мелуанырыбжэ Тито Деннис сымэ. Ахэр дунейпсо хьэрш станцым махуихкIэ щыIащ, касмонавтхэм щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыу, Деннис илъагъухэм сурэт, видео трихыу, и гъусэхэм «яхуэпщафIэу».
1874 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм быни 9, зы нысэ, къуэрылъху-пхъурылъхуу 3 зыгъэкIуа шапсыгъ анэ Щхьэлахъуэ Чэбэхъан. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжа имылъагъуу дунейм ехыжащ ар.
1902 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ ДыщэкI Мухьэмэд.
1924 гъэм къалъхуащ Литвам щыщ совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Банионис Донатас.
1937 гъэм къалъхуащ Иракым и президенту илъэс 24-кIэ щыта Хъусен Саддам.
1974 гъэм къалъхуащ Испанием и актрисэ цIэрыIуэ, а къэралым щыщу «Оскар» саугъэтыр япэу зыхуагъэфэща Крус Пенелопэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 – 22-рэ, жэщым градус 14 - 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
МафIэм уримыджэгу - пIэщIэкIмэ, пхуэубыдыжынкым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ