Насыпыр здэгъэзар

Гупсысэр – псалъэкIэ

Гур Насып лъыхъуэ ежьауэ Мылъкум IущIащ. ЦIыкIут Мылъкур, ауэ къыхуэгуфIэрт, къехуэбылIэрт, зыIэпишэрт. ЛъаIуэрт, ар япэ къищтэну, нэхъ ин къэхъумэ, тIури зэщIыгъуу Насыпым и лъыхъуакIуэ ежьэнуи къигъэгугъэрт. Арати, Гум къыкIэрыпщIащ Мылъкур. 
Зэманыр кIуэтэху мылъкур нэхъ ин хъурт, ауэ Гур иутIыпщыну и пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым: Гу куэщIым имызэгъэжу гущхьэм дэпщейрт, гу къуэпсхэр ишэщIт. Гуми «ин хъуащ» жиIэу иутIыпщыфыртэкъым, уеблэмэ, Мылъкур нэхъ ин хъухукIэ, Гур нэхъри кIэрыпщIэрт, мышхэ-мыжейуэ кIэлъыплъырт, тегужьеикIауэ худэплъейуэ... Ауэрэ Мылъкур бэгъуащ. АпхуэдизкIэ ин хъуати, Гум и закъуэ къехьэлъэкIырт иIыгъыну: куэщIым пхуистэкъым, щхьэр иришэхырт. Ари фIэмащIэу «сыIэт!» жиIэу кIийрт, зихъунщIэрт, щIыкIэншэу зищIырт. Гум къытехьэлъи хъуат, ауэ - хуэутIыпщыртэкъым, атIэ, нэхъыфIыжу илъагъурт, ар хэхъуэн папщIэ, щхьэми ебэкъуэну хьэзырт.
Псэр къеущиет Гум: «Зумыгъэунэхъуж! Дэри думыгъэунэхъу! ХуэныкъуэIамэ ят!», арщхьэкIэ ауэ и тхьэкIуми иригъэхьэртэкъым. Псэм теувэурэ иригухырт, и жьэр зэщIригъэпIэну. Мылъкур хэхъуэрт. Гум лъыр къыхуемыхуэкIыж хъуат. Щымыхъужыххэм, Гур ЦIыхугъэм елъэIуащ къыдиIыгъыну Мылъкур. Къызэригъэделари къыгурымыIуэжыщщэу, ЦIыхугъэр арэзы хъуащ. Мылъкум и лъакъуэ лъэныкъуэр тетт иджы ЦIыхугъэм, адрейр - Гум. ГущыкIыгъуэу дыхьэшхырт, жиIэу хъуар яригъащIэрт. Зэманыр кIуэтэху нэхъыбэ хъурт Мылъкур, нэхъыбэ хъухукIэ нэхъ щыкIырт. Гури ЦIыхугъэри абы фIэкIа Iуэху ямыIэжу къэнат. «Сыдэфхьей уафэм!» - жиIэу кIийрт, гуоурт Мылъкур. АрщхьэкIэ, зи къуэпсхэр ныкъуэгъу хъуа Гумрэ, зыри зымылъагъуж ЦIыхугъэмрэ ялъэкIакъым. 
Щымыхъужыххэм, Гум Напэм зыхуигъэзащ, закъыщIигъэкъуэну елъэIуу, арщхьэкIэ, Напэм ар и мыIуэхуу жиIащ. «Зы махуэ закъуэ Мылъкум хухэхи, адэкIэ сыти щIэ!» - лъаIуэрт Гур. Куэдрэ чэнджэщами, Напэр арэзы хъуащ. Тетт иджы Мылъку бэгъуар зы лъакъуэкIэ Гум, адреймкIэ - ЦIыхугъэм, и IэбжьанипщIри Напэм хэукIат. ЯIэтырт зэрахузэфIэкIкIэ, ауэ здыхуейм нахьэсыфыртэкъым. «Напэр флъэгъуа?», «ЦIыхугъэр-щэ?» - жаIэу къалъыхъуэ щхьэкIэ ягъуэтыжыртэкъым. 
Псэр къыпыгъыкIыу къуэгъэнапIэм къуэст. Илъагъурт абы Гури, ЦIыхугъэри, Напэри зэрыщымыIэжыр, пхъэдакъэжь папщIэу мылъкущIэгъэкъуэну къызэрынахэр. Иджы Мылъкур уэгум итт Псэм къыхуеплъэкIыу, зыкъыхуигъафIэрэ къеубзэу. Ауэ - псэм и плъапIэр нэгъуэщIт: аддэ щIылъэм, удзыпцIэм хэту гуфIэжу къыщикIухьырт Насыпым, абыхэм къапэплъэу, псынэпсым зыхигъэпскIыхьрэ дыгъэ нэпскIэ зигъэгъущыжу, сабийхэм ядэджэгурэ жьыкIэфэкIэхэм ядэIэпыкъуу, нур зэбгритыкIрэ иугуэшами щIэмыупщIэжу...

 

Шорэ Маринэ.
Поделиться: