КъуэкIыпIэ Жыжьэм къыщыхожаныкIВладивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэлыжьыхьым и 25 - 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэ. МахуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщхьэщыхауэ щыта гупипщIым саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 47-м къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ. БэнэкIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт школым и гъэсэнхэм абы щызыIэрагъэхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 7. Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм и дыжьын медалхэр къахьащ Къарэгъул Анзор (кг 60-м нэблагъэ), Желдашев Валерэ (кг 72-м нэблагъэ), Гъуэныбэ Ауес (кг 82-м нэблагъэ), КIэмпIарэ Марат (кг 130-м нэблагъэ). Ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ Псэун Станислав (кг 82-м нэблагъэ), Абазэ Темболэт (кг 87-м нэблагъэ), Щад Уэсмэн (кг 130-м нэблагъэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
15.04.2024 - 17:00 →
КIыщ Аслъэнбэч и дыщэхэм къыхегъахъуэ
15.04.2024 - 16:30 →
Сочэ къащыпоплъэ
11.04.2024 - 17:30 →
Дыдейхэрщ нэхъыфIыр
|