Шэрджэсхэр Налшык щохьэщIэ

Мы махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къригъэблагъэри Къэбэрдей-Балъкъэ­рым зыщаплъыхьащ КъШР-м щыIэ Али-Бердыкъуэ къуа­жэм и курыт школым и 8-11-нэ классхэм щеджэ ныбжьы­щIэхэм.
 
ШколакIуэ 49-м егъэджа­кIуэ, адэ-анэ 12 я гъусэу махуитI­кIэ щыIащ Налшык. Япэу ахэр кIуащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм. Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм хухэха пэшхэм хьэщIэхэм къыщащIащ адыгэхэм я псэукIам, тхыдэм, щэнхабзэм ятеухуа хъыбар куэд, апхуэдэуи Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщу ­Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэм ятеухуахэм зыщагъэгъуэзащ.
ДАХ-м и хьэщIэхэр лъэпкъ фащэхэр щад Арт-центрым иригъэблэгъащ абы и гуащэ, сурэтыщI-модельер Сэралъп Мадинэ. Фащэм и мыхьэнэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэхэм я зэхэлъыкIэр, ахэр зэрадыр и ­гуапэу Мадинэ яжриIащ икIи яригъэлъэгъуащ шэрджэс ­школакIуэхэм.
А махуэхэм ныбжьыщIэхэр щы­Iащ Налшык къалэм дэт Псэ жыгым, МафIэ мыужьыхым, нэ­гъуэщI щIыпIэ хэхахэми.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ­жэрдэмкIэ, Къэрэшей-Шэр­джэ­сым къикIа цIыкIухэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм ­щыщу ди хэкум зыщызыгъэп­сэху ныбжьыщIэхэр гъусэ хуащI­ри, сабий къэфакIуэ ­ансамблхэмрэ уэрэджы­Iа­кIуэхэмрэ зыхэта концерт да­- хэ ­ирагъэплъащ. Ар щекIуэ­кIащ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм. ЗэIущIэм зыкъригъэхьэлIэри, ныбжьы­щIэ­хэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ зыхэт, ахэр нэхъ зэпэ­гъунэгъу зыщI мыпхуэдэ Iуэху дахэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ­зэкъуэш республикэхэр нэхъ быдэу зэрыубыдынымкIэ, нэхъыбэрэ зэкIэлъыкIуэнымкIэ, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - НыбжьыщIэхэр щызэIущIэкIэ лъэпкъ тхыдэм, псэукIэм, щэнхабзэм нэхъ куууэ зыщагъэ­гъуазэ, къищынэмыщIауэ, къы­дэкIуэтей щIэблэр нэхъыжь­-хэм хуэфащэу къэхъунымкIэ ари зы Iэмал гъуэзэджэу къы­золъытэ. Дэ зэи зыщыдгъэ­гъупщэ хъунукъым щIэблэм ди къэкIуэнур зыхуэдэнумрэ Хэкум и зыужьыныгъэмрэ зэрелъытар.
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ, псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жы­лагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ­ДАХ-м и вице-президент Аслъэн Алий, Сабий творчест­вэмкIэ республикэ унэм и уна­фэщI Къалмыкъ Кларэ, республикэм и лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэм.
Сэхъурокъуэ Хьэутий хьэщIэ цIыкIухэм ягу къинэжын саугъэтхэмрэ IэфIыкIэкIэ яхуэуп­сащ.
А махуэхэм КъШР-м къикIахэр щыIащ Урыс драмэ театрым, ДАХ-м и IуэхущIапIэм, кIапсэ гъуэгукIэ «Сосрыкъуэ» дэкIуеящ, гуэлым тетащ катамаранкIэ.
Мыпхуэдэ Iуэхухэр зыхуэгъэпсар ди къуэш республикэм щыпсэу адыгэ ныбжьыщIэхэр лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм, хабзэм дегъэ­хьэ­хы­нырщ, ахэр фIыуэ ящIэу, къы­зыхэкIам хуэфащэу къэгъэ­хъунырщ.
ХьэщIэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зыплъыхьакIуэ кърашэжьа цIыкIухэм хуабжьу я ­нэгу зиужьащ, къахуэщхьэпэн куэд къащIащ, зэи ящымы­гъупщэжын Iэджэ ялъэгъуащ. «ЦIыкIуи ини тфIэгъэщIэгъуэна куэд щыдагъэлъэгъуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым. Псори дыарэзыуэ, ди къуэш лъахэм и дахагъымрэ щыпсэухэм я гуа­пагъымрэ дыдихьэхауэ докIуэж», - жиIащ гупым и уна­фэщI, адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ егъэджакIуэ Иуан Маринэ.
- Сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэу зыщрагъэп­лъыхьыным жэрдэмщIакIуэ хуэ­хъуар Али-Бердыкъуэ курыт школым и егъэджакIуэхэрщ, - жеIэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий. - Апхуэдэ гупыж яIэу сэ зыкъы­щысхуагъазэм згъэщIэхъуа­къым, ар зэрыIуэху щхьэпэм, къызэбгъэпэщынуи зэрымы­гугъум къыхэкIыу. ДАХ-м и тхьэмадэм сепсалъэри, псын­щIэу Iуэхур зэфIэкIащ. Хасэр щIыщыIэр апхуэдэ сэбэпы­нагърэ лъэпкъ Iуэху дахэрэ дигъэкIын щхьэкIэщ. Нэхъапэми хасэм и проектхэмкIэ къетшэжьащ ныбжьыщIэхэр, ди къуэш хэгъэгухэм дыкIуэурэ щекIуэкI Iуэхухэм дыхэт хабзэщ. Мыпхуэдэ ныбжьыщIэ зекIуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дяпэкIэ ди зэпыщIэныгъэхэр ахэращ зыгъэбыдэнур, мыбыхэм куэдкIэ елъытащ щIыналъэ зэпэ­IэщIэхэм ипхъа адыгэ лъэп­къыр нэхъ зэкъуэт хъуныр. Мы­зыгъуэгукIэ къэтшар нэхъыжь классхэм щIэсхэращ, хэт ищIэрэ Налшык еджапIэ нэхъыщхьэм къыщIэтIысхьэни къахэкIынщ е ныбжьэгъу щы­зэрагъэгъуэтынщи, зэкIэ­лъы­кIуэнхэщ. Пэжыр аращи - зэи Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­мыIа цIыкIухэм апхуэдизкIэ ар ягу ирихьащи, къызэрагъэ­зэжынум шэч хэлъкъым. Ар куэд и уасэкъэ?! Мы гупыр япэкъым икIи иужьрейуэ къэтшакъым. Iуэхум нэхъри зедгъэубгъуу дяпэкIэ нэхъыбэрэ ды­зэкIэлъыкIуэну, дызэрыщIэну ди мурадщ. АбыкIэ сэбэп ­хъунущ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэмрэ абы и къудамэу нэ­гъуэщI хэгъэгухэм, къэралхэм щы­лажьэхэмрэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: