ЛIымрэ хъумпIэцIэджымрэ

ЗылI, хьэмым Iуэуэ здытетым, гуэдз хьэдзэ зыхь хъумпIэцIэдж къыIэщIэлъэгъуащ.
- Уи щхьэр зэрыгъум! – щIэнэкIащ лIыр хъумпIэцIэджым.
- Акъыл илъщи, гъумщ, - жэуап къритыжащ хъумпIэцIэджым.
- ИкIи уплIабгъуи! – игъэщIэгъуащ лIым.
- ГуащIэ схэлъщи, сыплIабгъуэщ, - жиIащ хъумпIэцIэджым.
- Уи бгыр щхьэ псыгъуэ-тIэ?
- ШхынкIэ сызыхуосакъыжри, аращ щIэпсыгъуэр.
- Ари хъунщ, - жиIащ лIым. – Гуэдз хьэдзэр дэнэ пхьырэ?
- ХъумпIэцIэдж Iуащхьэм сохь.
- ДапщэкIэ урикъун гуэдз хьэдзэм? – еупщIащ лIыр.
- ИлъэскIэ срикъунщ, - жиIащ хъумпIэцIэджым.
Ар игъэунэхун мурад ищIащ лIым: хъумпIэцIэджыр и бгъэгущталъэ жыпым иригъэтIысхьэри, унэм здихьащ, фэлъыркъэбым иридзащ, зы гуэдз хьэдзэ кIэлъридзэжри, и щхьэр щипхыкIащ.
Илъэс дэкIауэ хъумпIэцIэджыр игу къэкIыжри, лIым фэлъыркъэбым и щхьэр итIэтащ. Гуэдз хьэдзэм и ныкъуэрат хъумпIэцIэджым ишхар.
- Хьэдзэм и ныкъуэм фIэкIа щхьэ умышхарэ? – еупщIащ лIыр хъумпIэцIэджым.
- Сыкъэпхьри, фэлъыркъэбым сибдзащ, - жиIащ хъумпIэцIэджым. – Фэлъыркъэбым сызэрибдзар уигу къэкIыжынрэ къэмыкIыжынрэ сэ дэнэ щысщIэнт? «Мы делэм сыхуэбэлэрыгъынкъым» жысIэри, гуэдз хьэдзэм и ныкъуэм фIэкIа щIэзмышхар аращ: уигу сыкъэмыкIыжурэ фэлъыркъэбым сибгъэлIыхьынкIэ сышынащ.
ЛIым, укIытэжауэ, хъумпIэцIэджыр иутIыпщыжащ.

 

Поделиться: