Ди фарзыр
1941 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIауэ щыта зауэм имыгъэгуIа унагъуэ ди Хэкум ису къыщIэкIынкъым. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм ящыщу а махуэшхуэр зыгъэлъэпIэн нобэ ди Къулъкъужын Ипщэ (Абзуанхьэблэ) къуажэм зэрыдэмысыжри уигу къемыуэу къанэркъым. Ди жылэм щыщу щIалэ хахуэ 465-рэ зауэм дэкIати, къэзыгъэзэжар 287-рщ. Абыхэм ящыщуи зыри псэужкъым. Ди лъэпкъым – Iэхъуэбэчхэ – щыщу Хэку зауэшхуэм и гуащIэгъуэ дыдэм хэтащ зы адэ-анэ къилъхуахэу Хьэмидрэ Хьэмзэтрэ, Алджэрийрэ Зуберрэ, Нухьрэ Билалрэ, Амбулкъадир, Амбулчэрим, Зэчий сымэ, Хъызыррэ Назиррэ. Апхуэдэуи лъэпкъым щыщу Хьэмэд, Къэрней, Мэхьил, Нажмудин, Жантемыр, Хьэднан, Амбулгъэфар. Къэзыгъэзэжар 8-рщ, адрейхэм Хэкум папщIэ я псэр ятащ. Алджэрий щхьэмыгъазэт, шынэ ищIэртэкъым, «пелуанщ» хужаIэрт. Ар яхэтащ Брест быдапIэр зэрыпхъуакIуэхэм Iэрамыгъэхьэу махуэ 26-кIэ япэщIэтахэм. «ДыхэкIуадэми, зыттынукъым» - апхуэдэу тетщ быдапIэм и блынджабэм. МыжурэкIэ къратхъа псалъэхэм яхэтщ Iэхъуэбэч унэцIэри… Алджэрий комсомолым хэтт. Сэ абы щыгъуэм сыцIыкIуами, нобэ хуэдэу IупщIу си тхьэкIумэм къоIуэ зауэм ар езыгъажьэ и Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ захуигъазэу, урысыбзэкIэ: «Комсомольцы уходим на священную войну!» - зэрыжиIэгъар. Иужьрей дыдэу Брест къалэм къикIа тхыгъэм Алджэрий къыщысщытхъурт: «Хьэшим, письмо къыщысхуэптхыфакIэ, лIы ухъуащ. Бий бзаджэм нэхъ псынщIэу дытекIуэну ухуеймэ, фIыуэ еджэ. Нэзытхыр Алджэрийщ». Iэхъуэбэч Билал 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм накъыгъэм и 9-м нэсыху ди Хэкур ихъумэу зэуащ. Ар Сталинград зыхъумахэм, Белоруссиер щхьэхуит къезыгъэщIыжахэм яхэтащ. Билал тIасхъэщIэх гупым я пашэу нэмыцэхэр гъэр ящIу псэзэпылъхьэпIэ куэдым Iууащ. Абы и лIыгъэм къыпэкIуащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, ЩIыхь орденым и етIуанэ нагъыщэр, «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалыр, нэгъуэщI щытхъу тхылъ куэди. И лъахэм къигъэзэжри, бийм зэхикъута колхозыр зэфIэгъэувэжыным ар жыджэру елэжьащ. Апхуэдэуи къуажэ советым и секретару, иужькIэ губгъуэ бригадэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытащ. Билал и къуэш Нухьи зауэм и пэм щегъэжьауэ иухыхункIэ зауэлIхэм я щапхъэу абы хэтащ. Лейтенант нэхъыжьым зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щыхьэту Нухь дамыгъэ лъапIэхэр и бгъэм къыхэлыдыкIыу Абзуанхьэблэ къигъэзэжащ икIи колхозым щызэхэт парторганизацэм и секретару илъэс куэдкIэ лэжьэжащ. Iэхъуэбэч Мыхьэмэтрэ ГуащэIэфIрэ бынибл зэдагъуэтати, Алджэрийрэ Зуберрэ я псэр я Хэкум папщIэ ятащ. Шыпхъуитху яIэти, плIым я щхьэгъусэхэри зауэ гущIэгъуншэм хэкIуэдащ. Аращ «зауэм и кIэр хьэдагъэщ» щIыжаIэри. Нобэ псэухэми къытщIэхъуэ щIэблэми ди фарзщ псэкIэ, лIыхъужьыгъэкIэ, лъыкIэ Хэкур тхуэзыхъумахэм яхуэфащэ пщIэ яхуэтщIыну, я фэеплъыр тхъумэну. Тхьэм апхуэдэ зауэ афIэкIа зэи димыгъэлъагъу.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|