ЩIыпIэр зыгъэдэха куэдыр къагъэщIэрэщIэжВольнэ Аул и ипщэ къыдэлъэдапIэм хуэзэ Налшыкыпс Iуфэм бгъурыту дэкIуей гъуэгур зэрагъэпэщыж. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр ноби егъэдахэ ныбжь зиIэ псы Iуфэ щихухэр екIуэкIыу зыIут а гъуэгу бгъуфIэшхуэм. Мэзымрэ псы ежэхымрэ я хьэуа къабзэр ауэ къэгъэнауэ, ар щIыпIэ нэхъ дахэхэм хабжэу зэрыщытам и щапхъэ куэд щыплъагъунущ Iэхэлъахэм: псы Iуфэ нэпкъ лъагэхэр, псыутхым хуэдэу псыр къызэжэх мывэ хъуреишхуэхэр, жыг абрагъуэхэр, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэпхыщыж лъэс лъагъуэ нашэкъашэ цIыкIухэр - псори блэкIам и фэеплъщ, удихьэхыу.
Поделиться:
Читать также:
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
27.04.2024 - 16:12 →
ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!
|