ЦIыхубэ макъамэхэм я дуней

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ  къэрал институтым  иджыблагъэ щекIуэкIащ «ЩIалэгъуалэр. Гъуазджэр. КъэгъэщIэрэщIэжыныгъэр» фIэщыгъэм щIэт  цIыхубэ  макъамэмкIэ  дунейпсо  фестиваль-зэпеуэ.

Институтым    тхыдэмрэ  музыкэмкIэ  кафедрэм и унафэщI Нало Людмилэ  зэрыжиIамкIэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ   ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ къызэрагъэпэща  зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр  Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ  бейр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ. КъищынэмыщIауэ, мы Iуэхум  хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм  щыщу къыхыхьа   щIалэгъуалэр  зэрыгъэцIыхунырщ.

2005-2018  гъэхэм къриубыдэу фестивалыр  блэ  ирагъэкIуэкIащ, мы гъэм абы  Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу,  Абхъазым,  Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Къалмыкъым,   Москва, Дон Iуфэ Iус Ростов, Самарэ, Саратов, уеблэмэ Китайм  къикIа зэрыхэтам и фIыгъэкIэ  дунейпсо мыхьэнэ игъуэтащ.

ХьэщIэхэмрэ зэпеуэм  хэтынухэмрэ фIэхъус псалъэкIэ кърагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и  УнафэщIым  и къуэдзэ Къардэн Муратрэ ГъуазджэхэмкIэ институтым и унафэщI Рахаев Анатолийрэ. ЗэIущIэр къызэIуаха иужькIэ,  абыхэм  Институтым и  медалыр хуагъэфэщащ  пшынауэ Iэзэ, УФ-м  щIыхь зиIэ и артист, дунейпсо зэпеуэ куэдым къыщыхэжаныкIа Шишкин Юрий.

Хабзэ зэрыхъуауэ, фестиваль – зэпеуэр  ГъуазджэхэмкIэ институтым   и оркестрым  къызэIуихащ.

МахуитIкIэ  екIуэкIа зэхыхьэм  мастер-классхэри щатащ.

Псом хуэмыдэу  гукъинэжу  щытащ Ростов дэт  Къэрал филармонием  и солист,  урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым я лауреат Буряков  Алексей,  дунейпсо зэпеуэм куэдым я  лауреат, Саратов щыщ  щIалэ Бондаренкэ Вячеслав, Самарэ дэт  къэрал филармонием   и солист Хромов Алексей сымэ  ягъэзэщIа макъамахэр.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: