Бахъсэндэсхэм я зэфIэкI хэлъуСанкт-Петербург къалэм дэт «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ самбэмкIэ ХХ дунейпсо ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. «ТекIуэныгъэ» зыфIаща зэпеуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм. Дунейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и командэ къыхэхам и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Сунш Къантемыр, КъуэщIысокъуэ Темырлан, Беслъэней Темырлан, Сонэ Идар сымэ. Зи цIэ къитIуа спортсменхэм зыщагъасэ Бахъсэн къалэ дэт Щауэ А. и цIэр зезызьэ спорт школым, ПщIэнашэ Мурат, КъарэмыщIэ СулътIан, Уэщхъун Башир сымэ я нэIэ щIэту.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
|