Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щIышылэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №I0-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и  Указ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I5 гъэм щIышылэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №I0-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Бэрэгъун Р.Е. – «Къэрал музыкэ театр» къэрал кIэзонэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр
Пащты Г.С. –Урысей Федерацэм и цIыхубэ художникыр (зэгурыIуауэ)
СавкIуий Хь. В. –Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и художникыр (зэгурыIуауэ);
б) Бежан Б.Ю. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм уэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр»;
в) Къумахуэ М.Л. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрыр (Советым и унафэщIым и къуэдзэщ);
г) Тхьээгъэзит Ю.М. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ТхакIуэхэм я Союзым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
д) Советым къыхэгъэкIыжын Беппаев М.А., Вэрокъуэ В.Хъ., Темыркъан Г.Ж. сымэ.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м
№45-УГ

Поделиться: