НэщIикIыж хьидыр ягъэлъапIэуАруан районым хыхьэ Чернэ Речкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и утыкум хьид махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ а жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Бекъул Аслъэн, щIыпIэ администра-цэр и дэIэпыкъуэгъуу. Къуажэдэсхэми даIыгъащ нэщIикIыж махуэр гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхур. Нарткъалэ щапхъэу къалъыта «Волшебный мир» театрым и артистхэм сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ, къагъэфащ, ягъэджэгуащ. Къуажэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща концертым хэтащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Аскэр, пшынауэ Къуэдз Залым, «Псыгуэнсу» ансамблыр.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|