ХъугъуэфIыгъуэ куэдым я нэхъыфI

Къэралым и къэкIуэнур зэлъыта цIыхухэр щапI уна­гъуэр хъумэным гулъытэ хэха хуригъэщIын папщIэ, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН) и Ассамблее Нэхъыщ­хьэм 1993 гъэм игъэувауэ щытащ Унагъуэм и дунейпсо махуэр. Ар гъэлъэпIэныр трагъэхуащ дунейм и дахэгъуэ накъыгъэ мазэм и 15-м. Урысей Федерацэм махуэшхуэр япэу щыщаIэтар илъэс 27-рэ ипэкIэщ, 1995 гъэм къыщы­щIэдзауэщ. 

ИпэжыпIэкIэ, къэралым и зы Iыхьэу щыт унагъуэр жыла­гъуэм и быдапIэщ, дэ тщыщ дэтхэнэми и щхьэегъэзыпIэщ. Аращ къыщежьэр цIы­хухэм яхэ­лъыфыну хьэл-щэн дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэ­мысри, гумащIагъэри, пэжыгъэри… 
Сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэтхэнэ къэралми и зэIузэпэщыгъэр къалъытэ абы и унагъуэ къызэрыгуэкIым иIэ псэукIэм и лъагагъымкIэ, абы исхэр зы­хуей-зыхуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэ. Уна­гъуэр гъэбыдэным дапщэщи гулъытэшхуэ щегъуэт ди къэ­ралым. Псом хуэмыдэу ар нэ­рылъагъу хъуащ блэкIа илъэс­хэм - коронавирус уз зэры­цIа­лэм и шынагъуэр нэхъ ткIийуэ къыщытщхьэщыта лъэхъэнэ гугъум. Къэралым и Прези­дентым и унафэкIэ дэIэпы­къуныгъэ ­ягъуэт Урысей Федерацэм и унагъуэ куэдым: сабий цIыкIу зэ­­рысхэм, бынуна­гъуэшхуэхэм, щытыкIэ къы­зэ­рымыкIуэм и зэранкIэ лъэпощхьэпо куэд къы­зыхукъуэкIа адэ-анэхэм. Къапщ­тэмэ, зи ныбжьыр илъэси 3 иримыкъуа сабий цIыкIу зиIэхэм, илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 7, 16 зи ныбжь бын зыпI уна­гъуэхэми ахъшэкIэ защIе­гъакъуэ, сабийм епха адэ-анэ ­къалэнхэр къащигъэпсынщIэн папщIэ. 
Сабийхэмрэ сабиигъуэмрэ ­хъумэным, бын зыпI унагъуэ­хэм защIэгъэкъуэным хуэу­нэтIауэ ди къэралым иужьрей зэманым къыщащтэ программэхэм я бжыгъэм ноби хохъуэ. Абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэ­хухэр куэд мэхъу: сабий ­садхэм я Iуэхутхьэбзэхэм хуэ­ныкъуэ псоми ар къагъэсэ­бэ­пыфыну Iэмал еты­ныр, курыт еджапIэхэм етIуанэ, ещанэ сменэхэр щыIухыныр, щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм хэхауэ защIэгъэ­къуэныр, нэгъуэщIхэри.
Унагъуэхэм хуащI апхуэдэ къэрал гулъытэм тепсэлъыхьу, УФ-м и Президентым жиIащ хэхъуэшхуэ зимыIэ, щытыкIэ гу­гъум ит унагъуэхэм быныр пIы­нымкIэ дяпэкIи зэрадэIэпыкъунур. Апхуэдэ унагъуэхэм щапI са­бийхэм ахъшэр на­къыгъэ мазэм къыщыщIэ­дзауэ яIэры­хьащ, абыхэм ­иратыж мэ­лы­жьыхьым хуэзэри.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ­УФ-м и унафэщIхэм зэрагъэувауэ, унагъуэм, сабийхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псори къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу къыщалъытэ ди хэкум. Къэрал бюджетым къыхэкI мылъку яIэ­рохьэ, я ныбжьым елъытауэ зэщхьэщыхауэ, ди сабий псоми. КъищынэмыщIауэ, иджы апхуэдэ  гулъытэ ягъуэт цIыхубз уэндэгъухэми зи за­къуэу сабий зыпI анэхэми (адэхэми). А дэIэпыкъуныгъэхэм ирегъэфIакIуэ щIы­налъэхэм щы­щыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзы­гъэгъуэтыну хуейхэри абы ­нэхъри трегъэгушхуэ, нэ­­хъыщ­хьэращи, къэралыр зэ­рызэхэт и Iыхьэ нэхъыщхьэ унагъуэр нэхъ быдэ, лъэщ ещI. Ап­хуэдэу а Iуэхугъуэхэр хуэгъэп­сащ ­унагъуэм илъ гугъуехьхэр зэрыхъукIэ ящхьэщы­Iэты­кIы­ным, абы исхэр щытыкIэ ­гуг­ъум нэхъ тыншу къикIы­фыным. 
ЖыпIэнурамэ, и мыхьэнэкIэ хъугъуэфIыгъуэ псоми йолъэ­гэкI унагъуэ насыпыр. Ар къалъытэу илъэс къэс накъыгъэм и 15-м ирихьэлIэу зэхашэ махуэшхуэ пшыхьхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщ, щапхъэ зы­тепх хъун унагъуэхэр щагъэ­лъапIэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI. Мы тхьэмахуэ махуэми апхуэдэ хъуэ­хъухэр дэнэкIи щыIунущ, нэхъыщхьэ-ращи, унагъуэм исхэр зэхуэ­сыжынурэ, дэтхэнэм и дежкIи мы­хьэнэ зиIэ а гуфIэ­гъуэр зэ­гъусэу ягъэлъэпIэнущ, нэхъы­жьым и пщIэр яIэту, нэхъыщIэм гушхуэныгъэ ира­гъэгъуэту. 
Дэри ди гуапэу дохъуэхъу ди щIыналъэм ис дэтхэнэ уна­гъуэм­и, псом хуэмыдэу абы и «пкъо» адэ-анэхэм. Фызипашэ унагъуэхэр быдэу, фызиплъыр жьэгухэр хуабэу, берычэт кIуа­пIэу, бын гукъеуэ фымылъа­гъуу, фи псалъэр фи щIэблэм я пщалъэу, абыхэм я пщIэрэ гулъытэрэ фыщымыщIэу фи жьантIэхэм Тхьэм куэдрэ фы­дигъэс, къыфтехъукI уна­гъуэ­щIэ­хэм щапхъэфI фахуэхъуу. 
«Унагъуэжьрэ пхъэжь мафIэрэ», - жиIащ пасэрей адыгэм. Шэч хэлъкъым: къэралыр зэкъуэтмэ - быдэщ, уна­гъуэр зэкъуэтмэ - бейщ. Мылъкуу щыIэм елъэгэкI зэгурыIуэр, насыпыр зи унагъуэ илъын дэтхэнэ зыри Тхьэм дищI!

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: