НОБЭ

Мамыру зэдекIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
Нэхум и дунейпсо махуэщ
Ставрополь крайм и махуэщ
Биографхэм я махуэщ

1744 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ Пётр и пхъум Iэ щIидзащ цIыхум и хьэкумыр укIкIэ ящIэну зэрыхуимытым теухуа унафэм.
1768 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм унафэ ищIащ Пётр Езанэм фэеплъ хуэщIыным теухуауэ. Ар иджы «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» фэеплъу Санкт-Петербург дэтырщ.
1863 гъэм Одессэ гъущI гъуэгу ухуэн щыщIадзащ.
1881 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин дунейм щыяпэу щаутIыпщащ трамвай зрикIуэ гъущI гъуэгур.
1924 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ «Мурзилка» сабий журналым и япэ номерыр.
1929 гъэм США-м япэ дыдэу щекIуэкIащ «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм етыжыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.
1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.
1960 гъэм Америкэм щыщ физик Мейман Теодор дунейм щыяпэу лазер ищIащ.
1985 гъэм СССР-м щыщIидзащ цIыхухэр фадэм пэIэщIэ щIыным хуэунэтIа Iуэхухэм.
1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.
1841 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI ХьэтIохъущокъуэ Къазий.
1910 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, тхакIуэ Берггольц Ольгэ.
1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.
1955 гъэм къалъхуащ совет гимнасткэ, Олимп джэгухэм плIэнейрэ я чемпионкэ, гъэсакIуэ Корбут Ольгэ.
1957 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист Къалэ Замир.
1961 гъэм къалъхуащ уэчыл, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I5 – I6, жэщым градус II - I2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Мыщэ жея къыумыгъэуш, лIы мышынэ умыгъэгубжь.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ