Хъуэрыбзэхэр щызэпадзыжу щытар

Адыгэхэм щIалэгъуалэр зэи дэкъузауэ яIыгъакъым, ауэ хуагъасэрт емыкIу ямылэжььным, лей зэрамыхьэным. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыцIыхурт икIи щызэдэгушыIэрт хьэгъуэлIыгъуэхэм, гуфIэгъуэхэм, тхьэлъэIухэм. ИкIи гухэлъ щызэхуащIкIэ а гурыщIэр зэрызэхуаIуатэм щхьэхуэныгъэ хэлът, хъуэрыбзэрэ щIагъыбзэкIэ а тIур зэпсалъэрт.
Хъыджэбзым гупыж ищI къудейкIэ хьэгьуэлIыгъуэм е гуфIэгъуэ Iуэхугъуэм хэтыну кIуэну къезэгъыртэкъым. Ар ирагъэблэгъэн хуейт гуфIэгъуэр зиIэ унагъуэм я нэхъыжьхэм я цIэкIэ. Абы щыгъуэми, хъыджэбзым и щхьэ пщIэ хуищIыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу кIуэнри къекIуртэкъым. И дэлъху е дзыхь зыхуищI щIалэ е гуфIэгьуэ зиIэм ящыщ къакIуэу яшэн хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит закъригъэщIу зэрашам ещхьыркъабзэу, къашэжу къратыжын хуейт.
Апхуэдэ зэхыхьэхэм и деж хъыджэбзыр псэлъэрей, дыхьэшхрей, къэфэрей хъунутэкъым. ЕмыкIушхуэт хамэ щIалэ, имыцIыху, имыIыхьлы и гъусэу хъыджэбзым зэгъуэкI зищIынри. Удж дыдэм щыгъуи ар зы щIалэм куэдрэ къыдэудж хъунутэкъым. Гухэлъ зыщIа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ нащхьэ-IущхьэкIэ зэрыщIэрт, хъуэр гуэрхэр зэпадзыжырт, уджым зэдыхыхьэрт. Уджым зэрыхэт напIэдэхьеигъуэрат ныбжьыщIэхэм нэхъыбэу я гухэлъхэр щаIуатэр. ИкъукIэ хьэлэмэтыщэт хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я хъуэрыбзэхэр. Ахэр нэхъ къыщагъэсэбэпыр я гурыщIэр щызэхуаIуатэм дежт. Апхуэдэуи къупщхьэ къута е уIэгъэ зиIэ сымаджэм щIопщакIуэ щыхуащIкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэ щекIуэкIкIэ абы щызэхуэс щIалэгъуалэм Iэмал яIэт зэпсэлъэну, зэдэгушыIэну. ИтIани, ягу илъ псори яIуатэ хъуртэкъыми, хъуэрыбзэкIэ зэрыщIэхэрт.
Хъуэрыбзэм и зы щапхъэ:
- Зи нэ фIыцIитIыр пыжьынэ,
Зи нэкIущхьитIыр пкъынэплъ,
СызэрыпIуплъэу сыптхьэкъури
Уджым укъыхэсшащи,
Зумысугъуэджэу дызэгъэпсалъэ.

- Сыномыпсэлъэну сыбзагуэкъым,
Удж бдэзмыхьынуи сыпагэкъым.
УуэршэракIуэмэ, шэщIэхум кIуэ,
Ухъыджэбзаплъэмэ, усхэкIыжащ.

- Псыр зэгуэжу яку сыкъыдэкIакъым
Агъэнокъуэпщым срикъуэщ,
Дыжьын шырыкъукIэ сощакIуэ,
Уи дыщэ пыIэр хьэзырщ,
УкъыздэмыкIуэм усхьынщ,
Си дахэ цIыкIуу пыжьынэ.

- «Сыпщщ» жыпIэу, зыкъыпфIэмыщIыж,
«СылIщ» жыпIэу, удж укъыхэмыхьэ,
Уафэм пкIэлъей къысхуебдзами,
Уи дзэпкъыр шы фIэдзапIэщ,
Уи тхыпкъыр къыр хьэдзэщ,
Уи щхьэцхэр икIащ,
Хабзэщ жысIэу удж сыбдыхыхьа щхьэ,
Сыту щIэхыщэ зыкъыпфIэщIыжа.

- УIуэрбжэрылэу хэт ищIэнт,
Уд фызыжь цIыкIуу щIыкIей,
Къаз къурмакъейуэ пщэ псыгъуэ,
УтхьэIухудуи уимыгугъэж, -
ЖиIэри щIалэжьым игу игъэзэгъэжащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: