ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр

Дунейм ущытеткIэ цIыху куэдым уахуозэ, гуп зэхуэмыдэхэм уахохьэ, ар гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ ирехъу, лэжьыгъэ IуэхукIи узыIууэр мащIэкъым. БгъэщIагъуэу, уигъэгупсысэу Iэджэ болъагъу, яIуэтэжу зэхыбох. Апхуэдэ хъыбархэм яхэтщ дыхьэгъ зыкъоми. Си нэгу щIэкIа е жаIэжу зэхэсха хъыбар кIэщI цIыкIу зыбжанэ зэхуэсхьэсащи фи пащхьэ изолъхьэ.
КъыщIигъэлъащ
Ди благъэу цIыхуищ, фэтэр хьэху щыпсэууэ, езыхэм яйуэ хэщIапIэ ямыIэу, щедгъэтхат ди унэм. Зэман дэкIри, ахэр ди тхылъым иредгъэтхыкIыжыну дызэгурыIуащ. Ар суд Iуэху хэмыту зэрызэфIэмыкIынур ЖЭК-м къыщызжаIэм, сокIуэ хеящIэхэм я унэм. СыздэкIуам судыщIэм и дэIэпыкъуэгъум сыкърегъэдаIуэ:
- ЛъэIу тхылъ тхыи къэхь, фи благъэхэр тхылъым щIифтхыкIыжым и щхьэусыгъуэр иту.
КъыщыщIэзгъэзыкIыжым къыскIэлъыжеIэ:
- Ар уэ тэмэму, щыуагъэншэу пхуэмытхынкIи хъунщ. Мыбдеж гъунэгъуу, унэ зы-тIу къэбгъанэмэ, ещанэм, юрист цIыхубз гуэр щIэсщи (и цIэри къызжеIэ), апхуэдэ IуэхухэмкIэ ар IэкIуэлъакIуэщ. Абы зыхуэгъази къыбдэIэпыкъунщ.
СоунэтI жыхуиIам деж. СыздэкIуэм согупсыс: «А юристым, дауи, пщIэншэу ар пхуитхынукъым, сом 500 хуэдиз сIихыну къыщIэкIынщ. Зэпыту укIуэ, ари естынщ. Ауэ сыт щIысхуэмытхынур лъэIу тхылъ? Я нэхъ мащIэрамэ, республикэм и Iэтащхьэми, Налшык къалэм и унафэщIми, нэгъуэщI къулыкъущIэшхуэхэми я деж, си цIыхугъэ гуэрхэм зыкъысхуагъазэурэ, лъэIу тхылъымпIэу зы 40 хуэдиз стхагъэнт. Арати, сыщIохьэ юрист бзылъхугъэм деж. СыщIэкIуамрэ сызыгъэкIуамрэ щыжесIэм: «Мыпхуэдэ документхэр къэхьи пщэдей къыIухьэ, сом минищ и гъусэу», - къызжеIэ. НапэкIуэцI ныкъуэ фIэкIа мыхъу лъэIу тхылъымпIэм сом минищ сIихынут. КъыщIигъэлъатэкъэ! Естакъым. Сэ стхыжри схьащ судым. Дагъуэ къыхуамыщIуи пхыкIащ.

Псори зэщхькъым
ЖызыIэ щыIэщ бэзэрым тет псори хьэрэмышхыу, тэрэзэкIэ укъагъапцIэу, напэ ямыIэу. Ар пэжкъым. Абы и зы щапхъэщ мыр. Унэгуащэр къызэлъэIури бэзэрым сигъэкIуат джэдыкIэ къэсщэхуну. Ящэхэм сахэплъэщ-сахэплъэри нэхъыфIыIуэу, нэхъ къабзэу къысфIэщIар зейм сыбгъэдыхьащ:
- Зы 30 хуэдиз къызэт. Торт ящIынущи…
- Торти? - къызэплъащ бзылъхугъэр. - Абы щыгъуэ, - и Iэпэр ишиящ нэгъуэщI цIыхубзым дежкIэ, - мобы ейр къэщэху, ар нэхъ свежэщ.
А цIыхубзыр и напэм емыплъамэ, зыри жимыIэу къызищэнтэкъэ и джэдыкIэр.

СыхулIэ апхуэдэ хьэблэ!
Мыр къыщыхъуар Нартанщ. Хьэблэ гуэрым дэст зы фызыжь, хуэкъулейсызу. Зы жэм иIэти, гъунэгъухэр игъэтхьэусыхэрт: я хадэхэм ихьэурэ Iисраф зэтрищIэрт. Ауэ фызыжьым жраIэнIауэ дзыхь ящIыртэкъым, жьэ бзаджэ щIэтти. ЦIыхубзхэр зэгурыIуэри, хьэблэм дэс лIыжьитI-щым елъэIуащ: «КхъыIэ, фытхуэкIуи и жэмыр кIэрыутIыпщ имыщIыну тхужефIэ, фэ нэхъ къыффIэлIыкIынщ», - жаIэри. Арати, лIыжьхэр дыхьащ фызыжьым и пщIантIэм. ЩIэкIуа Iуэхур щыхуаIуатэм, къажриIэращ: «Си жэмыжь закъуэр фхуэмыгъашхэу ара? СыхулIэ апхуэдэ хьэблэ!»

Саут СулътIан.
Поделиться: