Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Мамыру зэдекIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

♦Нэхум и дунейпсо махуэщ

♦Ставрополь крайм и махуэщ

♦Биографхэм я махуэщ

♦1744 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ Пётр и пхъум Iэ щIидзащ цIыхум  и хьэкумыр укIкIэ ящIэну зэрыхуимытым теухуа унафэм.

♦1768 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм унафэ ищIащ Пётр Езанэм фэеплъ хуэщIыным теухуауэ. Ар иджы «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» фэеплъу Санкт-Петербург дэтырщ.

♦1863 гъэм Одессэ гъущI гъуэгу ухуэн щыщIадзащ.

♦1881 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин дунейм щыяпэу щаутIыпщащ трамвай зрикIуэ гъущI гъуэгур.

♦1924 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ «Мурзилка» сабий журналым и япэ номерыр.

♦1929 гъэм США-м япэ дыдэу щекIуэкIащ «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм етыжыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.

♦1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.

♦1960 гъэм Америкэм щыщ физик Мейман Теодор дунейм щыяпэу лазер ищIащ.

♦1985 гъэм СССР-м щыщIидзащ цIыхухэр фадэм пэIэщIэ щIыным хуэунэтIа Iуэхухэм.

♦1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.

♦1841 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI ХьэтIохъущокъуэ Къазий.

♦1910 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, тхакIуэ Берггольц Ольгэ.

♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.

♦1955 гъэм къалъхуащ совет гимнасткэ, Олимп джэгухэм плIэнейрэ я чемпионкэ, гъэсакIуэ Корбут Ольгэ.

♦1957 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист Къалэ Замир.

♦1961 гъэм къалъхуащ уэчыл, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 16, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Мыщэ жея къыумыгъэуш, лIы мышынэ умыгъэгубжь.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ