Дунейм щыхъыбархэрНобэ Урысейм щагъэлъапIэ хущхъуэ зэхэлъхьэным, щэным пыщIа IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр Пионер зэгухьэныгъэм и махуэщ Тэтэрстаным и Печатым и махуэщ Тыркум щагъэлъапIэ щIалэгъуалэмрэ спортымрэ я махуэр Урыс хьэкум и махуэщ 1649 гъэм Инджылызыр Республикэ хъуащ 1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Урысейм и къалащхьэр Москва ирахри, Санкт-Петербург ягъэIэпхъуащ. 1728 гъэм Пётр ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Урысейм и къалащхьэр Санкт-Петербург къихыжауэ Москва къэхьыжыным теухуауэ. 1802 гъэм Франджым и пащтыхь Наполеон и жэрдэмкIэ къэралым и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр – ПщIэ зиIэ легионым и орденыр – къащтащ. А орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщауэ щытащ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан. 1906 гъэм къыдэкIащ «Урысей империем и къэрал закон нэхъыщхьэхэр». 1922 гъэм СССР-м пионер зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщащ. Комсомолым и урысейпсо конференцэм накъыгъэм и I9-м къыщащтауэ щытащ «Пионер отрядхэр дэнэ щIыпIи къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» унафэр. 1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ. 1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ. 1989 гъэм накъыгъэм и 19 – 21-хэм къэралым щыяпэу Москва щекIуэкIащ «СССР-м щынэхъ дахэ пщащэ-89» зэпеуэр. Абы щытекIуат Москва щыщ, епщIанэ классым щеджэ Сухановэ Юлие. 1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ Конгрессыр. Абы и япэ президенту хахащ Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэр. 1881 гъэм къалъхуащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэу къалъытэ икIи абы япэ президенту щыта Ататюрк Кемаль. 1890 гъэм къалъхуащ Вьетнамым и унафэщIу илъэс I8-кIэ щыта Хо Ши Мин. 1932 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Булгаковэ Майе. 1946 гъэм къалъхуащ Италием щыщ актёр, кинорежиссёр цIэрыIуэ Плачидэ Микеле. 1952 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-р къэзыуха, Хьэрып къэралхэм я лигэм и секретарь нэхъыщхьэм и чэнджэщэгъу, Иорданием щэнхабзэмкIэ и министру щыта Нэгуэр Нанси. 1956 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Санкт-Петербург и губернатор Беглов Александр. 1966 гъэм къалъхуащ «Спартак-Налшык» топджэгу гупым и тренер нэхъыщхьэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Биджий Хьэсэнбий. 1977 гъэм къалъхуащ Уругвайм щыщ актрисэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Орейрэ Наталье. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 – 24-рэ, жэщым градус I4 - I5 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Нэмысыр лъэIукIэ къахьыркъым.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:23 →
НОБЭ
19.04.2024 - 15:55 →
Ажэгъуэмэ - уэсхэкIыкI - уэсчэсей
18.04.2024 - 16:13 →
НОБЭ
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
17.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
|