ЩIыналъэ футбол лигэм и кубокым щIэбэнахэр

Мы махуэхэм Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ ЩIыналъэ футбол лигэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Пандемием и зэранкIэ ипэ ита илъэситIым зэпеуэр ирагъэкIуэкIатэкъым. Иджы уз зэрыцIалэр ужьыха пэтми, хамэ къэрал командэхэр хэттэкъым. Ауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, къэралым и командэ нэхъ лъэщхэр зэхуашэсыну Iэмал ягъуэтащ. 

Зэхьэзэхуэм и Кубок нэхъыщхьэм щIэбэнащ командэ 32-рэ. Абыхэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ командитI: Дыгулыбгъуей и «Черкес»-мрэ Шэджэм куейм къикIа «Черкес-07»-мрэ. 
Бахъсэндэсхэм я гупым щрагъэкIуэкIа зэIущIищым зы текIуэныгъэ фIэкIа къыщахьыфатэкъыми адэкIэ зэхьэзэхуэм къыхэкIын хуей хъуащ. Япэ зэпэщIэтыныгъэм ди щIалэхэм къащыпэщIэтащ Санкт-Петербург щыщ командэр икIи 0:3-уэ ищхъэрэ къалащхьэм и футболистхэм къыхагъэщIащ. КъыкIэлъыкIуэр «Черкес»-м и IутIыжыгъуэт. Набережные Челны къикIа командэм Бахъсэн куейм и футболистхэм жэуапыншэ топих худагъэкIыфащ. АдэкIэ кIэух зэпеуэхэм кIуэнухэр щызэхэкIа ещанэ джэгугъуэу Дыгулыбгъуей и футболистхэм хэгъэрейхэм драгъэкIуэкIар мэзкуудэсхэм я текIуэныгъэкIэ 6:1-уэ иухащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэта «Черкес-07» командэм зы зэIущIэкIэ нэхъыбэ иригъэкIуэкIыну Iэмал къыхукъуэкIащ. Гупым щрагъэкIуэкIа пэщIэдзэ зэпэщIэтыныгъэм ди щIалэхэм 6:0-у щыхагъэщIащ ипэкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым нэса Тэтэрстаным и командэр. ЕтIуанэ зэIущIэм Шэджэм куейм икIа командэр 2:4-уэ къыхагъэщIащ саратовдэсхэм. Гупым къыхэкIыу адэкIэ Кубок нэхъыщхьэм щIэбэныну хуитыныгъэ зыгъуэтынур щызэхэкI зэIущIэм пашэныгъэр щиубыдащ зэпэщIэтыныгъэм зы топкIэ нэхъыбэ щыдэзыгъэкIа «Черкес-07»-р. КIэух бжыгъэр 5:6-уэ командэхэр зэбгъэдэкIыжащ. 
Финалым и 1/8-нэм шэджэмдэсхэм хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуащ зыхэта гупым пашэныгъэр къыщихьыу къыхэкIа Мэхъэчкъалэ и «Наполи» командэр. ЗэIущIэм и кIэух бжыгъэр 23-нэ дакъикъэм щагъэуващ Дагъыстэным и командэм. Абы къыщыхагъэщIа Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболистхэм адэкIэ зэхьэзэхуэм къыхэкIащ. 
Къыхэдгъэщынщи, «Черкес-07»-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ япэ командэщ ЩIыналъэ футбол лигэм и кIэух зэIущIэхэм хэтыну Iэмал къызыхукъуэкIар.  
 

Жыласэ Замир.
Поделиться:

Читать также: