И акъыл хунэсакъым

Ущие зыхэлъ тхыгъэ
 

Мэзым пхъэхуей лъагэ хэтти, зы тхьэрыкъуэ къэлъатэри, а жыгыщхьэм абгъуэ щищIащ. Абгъуэм щыкIэцIри, тхьэрыкъуэ шыр къыщришащ. Абгъуэр бажэм къыIэщIэлъэгъуащ.
- Мы мэзри мы пхъэхуейри си адэм къысхуигъэнауэ сысейщ, - жиIащ бажэм, тхьэрыкъуэр ишхын мурад ищIри. - Пхъэхуейр щхьэ сфIэбубыда? Уэри усшхынщи, уи шырхэри дэзгъэкIуэнщ. Зегъэхь аддэ, пхъэхуейр къизупщIыкIыжынущ.
- Жыгыр ибупщIыкIыжмэ, дэнэ дыкIуэн? - гузэвэгъуэ хэхуащ тхьэрыкъуэр. - Си шырхэр дэнэ щыспIын?
- Шыр дапщэ уиIэ?
- Шырищ сиIэщ.
- Сыт хьэдыгъуэдахэ! Тхьэрыкъуэм шыритI нэхъыбэ иIэ зэрымыхъунур пщIэркъэ? Шырищым я зыр къысхуедзых, кIыгуугум хуэсхьынщи, пхуезгъэпIынщ. Къызумытмэ, жыгыр иджыпсту къизупщIыкIыжынущ.
Сыт ищIэнт тхьэрыкъуэм: бажэм зы шыр къыхуридзыхащ. Пабжьэм хихьэри, бажэм тхьэрыкъуэ шырыр ишхащ. Ишхри, тхьэрыкъуэм деж тригъэзащ бажэм.
- Уи шырыр кIыгуугум хуэсхьащи, пхуипIынущ. ШыритI пхуэгъэшхэнукъым уэ. ТIум я зыр къызэти, сэ пхуэспIынщ. Къызумытмэ, пхъэхуейр сысейщи, къэзгъэуэнущ, джыдэ къэсхьынурэ, - жиIащ бажэм.
ЕтIуанэри фIишхащ, пабжьэм хихьэри. Ещанэри фIишхын мурад ищIащ.
- Мы мэзри мы жыгри сысейщ. Ещанэри къызумытмэ, жыгыр къизупщIыкIыжынущ, - жиIащ.
- Ещанэр уэстынукъым, сыти къызэщIэ. Жыгыр къэбгъауэмэ, уэращ щIегъуэжынур, - жиIащ тхьэрыкъуэм.
- Джыдэ къэсхьмэ, уэсщIэм еплъ: щIегъуэжыр хэтми тлъагъунщ.
Бажэр IукIуэтауэ, кърур кърихьэлIащ. Тхьэрыкъуэр зэрынэщхъейр щилъагъум, кърур къеупщIащ:
- Щхьэ унэщхъей? - жери. - Уи жагъуэ къэзыщIаIа?
- Бажэм шыритI сфIишхащ, ещанэри сэри дишхын мурад иIэщ, - жиIащ тхьэрыкъуэм.
 - Умышынэ: бажэр къыплъэIэсынукъым уэ. Къигъэзэжмэ, жепIэнуращ: «Дэ жыгыщхьэм дисщ, жыгыщхьэм къихьи, тIури дышх». Бажэр жыгыщхьэм нихьэфынукъым.
Апхуэдэ чэнджэщ къритри, кърум IуигъэзыкIыжащ.
Тхьэрыкъуэр къэгушхуэжащ.
Бажэр къыщысыжым, жриIащ:
- Жыгыщхьэм укъихьэфмэ, сэри си шырри дышх, уи хьэлэлщ.
Бажэм къыгурыIуащ тхьэрыкъуэр зыгуэрым зэригъэIущар.
- Хэт узыгъэIущар?
- Кърум, - къыжриIащ тхьэрыкъуэм.
- Дэнэ кIуэжа а гъуамэр?
- Псы Iуфэм Iутщ.
Бажэр псы Iуфэм Iухьэри, кърум бгъэдэкIуэтащ.
- Жьыр ипщэкIэ къыщепщэмэ, уи щхьэр дэнэкIэ пшиину? - еупщIащ бажэр кърум.
- ИщхъэрэкIэ сшиинщ, - жиIащ кърум.
- ИщхъэрэкIэ къыщепщэмэ-щэ?
- ИпщэкIэ сшиинщ.
- Жьыр ипщэкIи ищхъэрэкIи къыщепщэмэ, уи щхьэр дэнэ здэпхьынур?
- Си дамэ щIагъым щIэслъхьэнущ.
- Уи щхьэр уи дамэ щIагъым щIэхуэну си гугъэкъым. ЩIэлъхьи, сыгъэлъагъут щIэхуэрэ щIэмыхуэрэ. Си фIэщ хъуркъым.
Бажэм и дзыхь иригъэзри, кърум и щхьэр дамэ щIагъым щIилъхьащ.
- Чэнджэщ ептри, тхьэрыкъуэмрэ и шырымрэ сIэщIэбгъэкIащ. Уи щхьэр къызэребгъэлын акъылщ уимыIэр, - жиIэри, бажэм кърур ифыщIащ.

 

Поделиться: