Мэлыхъуэхьэхэр

Пасэрей адыгэм и къулеигъэр былымыщхьэкIэ къабжу щытащ. Я къулеигъэр ирахъумэну абыхэм зэрахуэрт хьэфIхэр. 

Тхыдэм уриплъэмэ, IуэрыIуатэмрэ ди нэхъыжьыфIхэм къаIуэтэж хъыбархэмрэ нэIуасэ захуэпщIмэ, блэкIа мыжыжьэм зи гугъу тщIыну хьэ телъыджэхэм щаIа пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ и купщIэр къыбгурыIуэнущ. 
КъедбжэкIынщ адыгэхэм я гъащIэм щыщу ябжу щыта псэущхьэ губзыгъэхэр: хьэпарий, хьэджафэ, мэлыхъуэхьэ, хьэ тумэ, хьэмаскIэ, хьэпщIэу, нэгъуэщIхэри.
Хьэпарий – килограмми 100-м нос и хьэлъагъыр, хьэ пIащэщ, хьэлъэщ, и тхьэкIумэхэр паупщIырт, ауэ и кIапэм еIусэртэкъым. Хьэпарийр ягъэзауэу арат икIи мыщэм пэщIэувамэ (апхуэди къэхъурт) зиIэтырти, и фIалъэ лъакъуитIым къищынэмыщIа и кIапэри къигъэсэбэпыурэ, зытригъащIэурэ, зауэрт. Аращ абы и кIапэр зэрыпамыупщIыр къызыхэкIыу щытар. Хьэпарийр зэи ирапхыртэкъым, атIэ щIэубыдауэ, хуиту щIыпэ хэхам щIагъэсырт. Ар икъукIэ бзаджэу щытын хуейт, зы псалъэкIэ жыпIэмэ, хьэкIэкхъуэкIэ абрагъуэхэр зэраукI Iэмалу щытауэ аращ. Дауэ жыпIэмэ, пщыIэм къебгъэрыкIуа хьэкIэкхъуэкIэмрэ хьэхэмрэ хьэргъэшыргъэ къаIэта нэужь, хьэпарийр къаутIыпщырт. Абы зричырт, къэкIуам пежьэрти, езауэрт. ХьэпариитIым мыщэ абрагъуэр фIыуэ ирагъэзэшыфынут, зэпкърамытхъыфми. Ауэ дыгъужьыр хуиту икъутэнут.
Хьэ тумэ – мэлыхъуэхьэмрэ унэхьэмрэ (мыдрей лъэпкъхэм хуэдэу цIэ зимыIэ) я кум къыдэкIарщ. Лъым къаруушхуэ иIэщ – аращ хьэм хэлъын хуей хьэл псори зэлъытар. Хьэ лъэпкъыфIхэм къиин яхэтщ, е кIуэ пэтми нэхъ щабэ хъу, я хъумакIуэ зэфIэкIхэр зыфIэкIуэд щыIэщ. Абы къыхэкIыу, хьэр хахуэу, губзыгъэу, тIэкIуи бзаджэу щытын щхьэкIэ лIакъуитхум зэ дыгъужьылъ къыхагъауэрт. Апхуэдэхьэхэр пIащэт, инт, икъукIэ гъэщIэгъуэн хъу къахэкIырт. Ахэр унагъуэм щыпIыгъыну губзыгъагъэтэкъым – къащхьэрыуэнури, зэрызэкIуэкIынури пщIэркъым, ауэ губгъуэм икъукIэ къыщыпхуэсэбэпынут. 
Хъэджафэ – щакIуэхэм нэхъ къагъэсэбэпу щытащ. Бажэ, тхьэкIумэкIыхь ирахужьэрти, къаубыдырт. И пэр кIыхьу, и лъакъуэхэр псыгъуэу, езыр лъагэу щытщ. 
ХьэпщIэу – хьэ лъэпкъ цIыкIу, ауэ ину банэу. ЩакIуэхэм кхъуэ пIащэ е бжьо уIэгъэ ящIрэ яIэщIэкIамэ, хьэпщIэур абы кIэлъыжэурэ, ину банэрт. Абы и банэм щакIуэхэр кIэлъыкIуэурэ, я нышыр къагъуэтыжырт.
ХьэмаскIэ – гъуэм ирагъапщхьэу щытауэ аращ. Псалъэм папщIэ, уашхэм е бажэм и пэнцIывым епхъуэрти, мыдэкIэ щыт щакIуэхэм хьэмаскIэр, и фIалъэ лъакъуитIымкIэ къралъэфыжырт, гъуэм исар щыгъуу.
Мэлыхъуэхьэр нэхъ яцIыху нобэкIэ. Ар пIащэ дыдэу щытын хуейкъым, ику иту килограмм 50-60 хъууэ аращ. Абы нэхърэ нэхъ хьэлъэр Къущхьэхъу щыпсэуфынутэкъым, и хьэлъагъыр къыхуехьэкIыжынутэкъым, мэл хъушэм е шы гуартэм дыгъужь къебгъэрыкIуэм, пэмылъэщыфынри хэлът. Апхуэдэ хьэхэр мэлыхъуэхьэ хъужыртэкъым, ар нэгъуэщI лIэужьыгъуэт – пщIантIэгъэдахэу, цIыхугъэшынэу унагъуэм ирагъэсхэм хуэдэт. Мэлыхъуэхьэм и кIапэмрэ и тхьэкIумэхэмрэ паупщIу щытащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар дыгъужьым щезауэкIэ щхъуэжьыр япэ дыдэ здэпхъуэр тхьэкIумэращ. Абы хьэр егъэлеяуэ егъэдзыхэ. Аращи, тхьэкIумэр къыIэрымыхьэн папщIэ, паупщI. И кIэр щIыпаупщIми щхьэусыгъуэ иIэщ – хьэр щыжейкIэ зешыхьри, и пэр и кIапэм кIэщIеупщIэ, и нэгур щIехъумэж, и жьэм къыжьэдэкI хуабагъэр мыкIуэду, и Iэпкълъэпкъ псор иригъэхуэбэн хуэдэу. Мэлыхъуэхьэхэр чэтым и хъуреягъкIэ кърапхэкIырт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щхьэукъуарэ, зи кIапIэмкIэ «зыщIэзыхъумэжа» хьэм дыгъужь къэкIуар къищIэнукъым, и мэр къыщIихьэнукъым.
 Пасэрей зэманым мэлыхъуэхьэм иIа пщIэр фи нэгу къыщIэувэн папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. Уэркъхэр, псоми дощIэ, зауэлI лIакъуэу щытащ. Ахэр губгъуэм вэуэ-сэуэ итыныр, Iэщ зэрахуэныр емыкIут, абыхэм дежкIэ апхуэдэ Iуэхухэр щхьэфIэхт. Зауэм къыщыдэхуэкIэ, уэркъым и лэжьыгъэ нэхъыщхьэу щытар зы закъуэщ – шы ягъэхъурт. ХьэфI зимыIэм шыи, уани, мэли, мылъкуи иIэнутэкъым. Абы къыхэкIыу, уэркъхэр хьэ лъэпкъыфIхэм елэжьырт. Мэлыхъуэхьэм и дзэхэр жану, пыхъукIауэ, и жьэ къупщхьэм зиужьауэ, лъэщу щытын папщIэ къупщхьэ ирагъэгъурт, узыншэу, Iэпкълъэпкъ быдэу щытын щхьэкIэ лы куэду ирагъэшхырт, псым щымышынэу, ерсыфу ирагъасэрт. 
Губгъуэм щаIыгъ мэлыхъуэхьэхэм я щытыкIэм, хьэлым нэIуасэ захуэтщIын папщIэ, дэ зыхуэдгъэзащ адыгэш лъэпкъыфIхэр къызэзгъэпэщыжа, ахэр щагъэбагъуэ, щызэрахуэ «Гуэрэн» фирмэм и унафэщI Егъэн Ибрэхьим. Шы гуартэр Къущхьэхъу щыдрахуеям деж, абыхэм якIэлъыплъынымкIэ Егъэным икъукIэ сэбэп къыхуохъу мэлыхъуэхьэхэр.
- Дауэ хьэхэм, псалъэм папщIэ, гуартэр зэрахъумэн хуейр къазэрыгурыIуэр? Мэлыхъуэхьэр зэрагъасэм щэху гуэрхэр хэлъу къыщIэкIынщ. 
- Сэ абыхэм сазэрыдэпсэум щыгъуазэ фысщIынщ, ауэ ахэр гъэсэн хуейуэ къэслъытэркъым, хъумэныр мэлыхъуэхьэм и лъым хэтщ. Дэ махуэм километр 30 хуэдиз щIы къызэхыдокIухь Къущхьэхъу дыщыщыIэм деж. Сэ мэлыхъуэхьэу щы сиIэщи, (хьэбзитIрэ зы хьэхъурэ) ахэр къыздыдощтэри, Iэгъуэблагъэр къыдопщыт. Iэмал имыIэу, къэлътмакъым лы цIынэ из дощI. Иджы ар Iыхьэ-Iыхьэу упщIэтауэ щытщи, къисхыурэ, дыздрикIуэ гъуэгум щызэбгрызодз. Хьэхэм ар къагъуэтурэ, яшх. ПщыIэм декIуэлIэжа нэужь хьэхэр дгъашхэркъым. Хьэхъур идопх. Пщыхьэщхьэм мышхарэ, мэжэлIа хьэбзхэр пщэдджыжьым лы лъыхъуакIуэ йожьэ. Йожьэри лы къащыIухуа гъуэгур къызэхакIухь, иджыри къалъыхъуэу. Аращи, апхуэдэу губгъуэм итщ махуэ псом. ИкIи, Iэмал имыIэу, губгъуэм дыгъужь е хамэ гуэр къихьамэ, банэу щIадзэ. Абыхэм я бэнэкIэр зэхыумыхынкIэ хъунущ, е уожей, е уапэжыжьэщ. Ауэ епхауэ къэна хьэхъум, зиукIыжу, бэнэн щIедзэри, абы и щытыкIэмкIэ къыбощIэ Iэгъуэблагъэм хамэ зэрыщыIэр. Хьэхъур къыкIэрыбгъэкIмэ, адреитIыр здэщыIэм уешэ. Аращ сэ сщIэр, ауэ Iэщыр зэрахъумэным хурагъасэу сыщыгъуазэкъым. ЗэрыжысIащи, ар я лъым хэтщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, мэлыхъуэхьэм мэлхэр яхъумэу, пщыхьэщхьэкIэ зэхуахусыжрэ, кърахулIэжу, абыхэм хъушэр къыхуагъанэу ежьэж мэлыхъуэхэр соцIыху. Ар къызыхэкIыр мэлыхъуэхьэр иджыри цIыкIуу губгъуэм яшэу, мэлхэм яхэсу къызэрыхъуращ. Мэлыхъуэхьэр къызыхуалъхуар губгъуэращ. Ахэр икъукIэ къарууфIэщ, гуащIэшхуэ яхэлъщ, акъылышхуи ябгъэдэлъщ. Хьэ лъэпкъ псори къапщтэу щытмэ, гупсысэшхуэ нэхъ зиIэр ахэращ. Унагъуэм дэубыдауэ дэс мэлыхъуэхьэм и къарур здихьынур къыхуэщIэркъым, зэгупсысын игъуэтыркъым. Аращи, зэкIуэкIын щIедзэ, бзаджэ мэхъу, и Iуэхур щIагъуэжкъым. Апхуэдэ щытыкIэр зи махуэ хъуа хьэр губгъуэм дэшын хуейуэ аращ. 

Мы хьэ лъэпкъым и шыр цIыкIухэр къызэралъхурэ махуипщI мэхъу щыжаIэм деж, иджыри я нэр къэмыпщIауэ, я тхьэкIумэхэр паупщI. Ар, дауэ, языныкъуэхэм гущIэгъуншагъэу къалъытэнущ, ауэ мыпхуэдэ ныбжьым щитым деж узыр зыхащIэркъым абыхэм. Хьэ пшырхэр псынщIэу хохъуэ. Къапщтэмэ, мазэ ирикъуа хьэ пшырым килограмм 30 и хьэлъагъыу урохьэлIэ. 
АтIэ, зи гугъу тщIы хьэ абрагъуэхэр дауэ къалэм зэрыщаIыгъыр?! ПщыхьэщхьэкIэ, цIыхухэр щысэбырыжам деж, хьэхэм кърагъэжыхь къалэм дашри. Хьэм и ныбжьым тращIыхьри, зы километрым къыщыщIэдзауэ, и ныбжьыр хэхъуэху, километр 20-30-м нэс гъуэгуанэ махуэм зэпрагъэч. Губгъуэм ит мэлыхъуэхьэм къызэхикIухьыпхъэ, дыгъужь пэщIэхуэм игъэкIуэдын хуей гуащIэмрэ къарумрэ я мардэр «къалэдэсхэм» пщыхьэщхьэ къэжыхьынымрэ хьэзэзауэ щIыпIэхэмрэ щрагъэкъуж. Ягъэзауэ хьэм и хьэлъагъыр нэхъыбэхэм килограмм 90-I00-м ноблагъэ. 
Апхуэдэ мэлыхъуэхьэр губгъуэм щыпсэуну пшэмэ, дауи, ипэхэм гугъу ехьынущ, щхьэхыр къытекIуэнущ, ауэ зэман дэкIрэ и хьэлъагъым килограмм 20-40 кIэригъэхумэ, и сэфэтым иувэжынущ. 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: