Зи фащэр зи гъэсэнхэм я щапхъэЗызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ. Агнессэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэ дэт етIуанэ курыт школым и лэжьакIуэщ, гъэсакIуэщ, абы кадетхэр щагъэхьэзыр и къудамэм и егъэджакIуэ нэхъыфIщ. КъыжыIапхъэщ Агнессэ илъэс 22-рэ хъуауэ а еджапIэм зэрыщылажьэр. А IуэхущIапIэр 200I гъэ лъандэрэ зи етIуанэ унэу къэзылъытэ егъэджакIуэр и лэжьыгъэм щытепсэлъыхькIэ, и псалъэхэр шэщIауэ щытщ. И гъэсэнхэм я гугъу щищIкIэ, псалъэхэр зэрылъэлъ къудейкъым, атIэ и нэхэм хъуаскIэ къыщIихыу къыпфIощI. Сабийхэр фIыуэ зымылъагъу цIыхум мы Iуэхугъуэр дэплъагъункIэ Iэмал зимыIэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|