КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Нобэ, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ щрикъум, ди щхьэр яхудогъэщхъ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ нэхъ гуузхэм ящыщым, лъыгъажэ гуащIэм хэкIуэдахэм. 
Зэман блэкIам къэралыгъуэшхуэ­-    хэм я зэпэщIэувэныгъэм къыхэкIыу адыгэ­хэм я щхьэм кърикIуа насыпыншагъэм, нэхъыбэм Хэкур ябгынэн хуей зэры­хъуам ноби ди гур егъэуз.
БлэкIам дыщыхуеплъэкIыжкIэ, ди япэ итахэм я Iущыгъэм, гугъуехьу хъуам ахэр къэмылэнджэжу зэрыпэщIэтыфам и мыхьэнэр зыхыдощIэ. Нэхъыщ­хьэращи, абыхэм яхузэфIэкIащ адыгэ­хэр лъэпкъыу къызэтрагъэнэну, къэкIуэну щIэблэхэм Хэкур хуахъумэну.
Зэманым ахэр зэпещIэ. Нобэ адыгэ­хэм я бзэ, я хабзэ, я щэнхабзэ яхъумауэ къогъуэгурыкIуэ, социальнэ, экономикэ зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтащ икIи лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм щыщу я къэкIуэнур яухуэ.
Си фIэщ мэхъу Хэкум хуэпэжу ди лъэпкъыр къызэрекIуэкIар сыт щы­гъуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыу­жьыныгъэм лъабжьэ хуэхъуну, лъэп­къыр ефIэкIуэнымкIэ щапхъэу щытыну.
Узыншагъэ быдэ фиIэу, бэIутIэIуншэу Тхьэм фигъэпсэу!

Поделиться: