Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ. Ар тхыдэм къыхэнащ лъыгъажэ мыухыжкIэ гъэнщIа къэхъугъэ бзаджэу. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа зауэр зэрыувыIэрэ куэд щIами, абы лъэпкъым къридза уIэгъэр нобэр къыздэсым кIыжакъым. А гуIэгъуэшхуэм уздегупсыс къудейм уегъэтхытх, цIыху хейхэм къраха леймрэ гущIэгъуншагъэмрэ пхузэгъэзахуэркъым.
Кавказ зауэр адыгэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къыщIэкIащ: лъэпкъым и Iыхьэ пщIанэращ и адэжь лъахэм къинар, адрейхэр хэкIуэдащ, мэжэщIалIагъэм, щIыIэм, узым ихьащ, къэна мащIэ дыдэр дуней псом трипхъащ. ХамэщI къыщыхута ди лъэпкъэгъухэми я щхьэ кърикIуари щIагъуэкъым: я бзэкIэ псэлъэнуи я хабзэ зэрахьэнуи зыри хуитакъым, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм иригъэкIуэкI зауэ кIэншэхэм егъэзыгъэкIэ Iуигъэхьэрт, я лъэр щIиудырт.
Апхуэдиз нэщIэбжьэр адыгэхэм я нэгу щIэкIа пэми, къызэфIэщIакъым, гужьгъэжь зыми яхуищIакъым, къэзыухъуреихь лъэпкъхэм ягурыIуэу ядопсэу икIи ядогъуэгурыкIуэ. И гъащIэр Урысейм ирипха нэужьи, адыгэхэр къыхаха гъуэгум хущIегъуэжакъым, хуэпэжащ. Зэманым къигъэлъэгъуащ лъэпкъыр гъуэгу захуэ зэрытеувар: адыгэхэм яхузэфIэкIащ я хэкур яхъумэжын, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ къызэтранэн, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Адыгэ Хабзэр хамыгъэкIуэдэжын.
Адыгэхэр жыджэру хэтщ къэрал ухуэныгъэм, абыхэм къахэкIащ щIэныгъэлIхэр, политикэ, щэнхабзэ, гъуазджэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, дзэзешэхэр, IэщIагъэлIхэр. ХамэщIым икъухьауэ щыпсэу адыгэхэри зыхэтхэм къахощ яхэлъ щэнхабзэ лъагэмкIэ, кърагъэз дзыхьыр зэрахъумэмкIэ, зыщыпсэу хэгъэгум зэрыхуэпэжымкIэ. Абыхэм сыт щыгъуи IэнатIэ лъагэхэр къыхуагъэфащэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм, дзэмрэ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я тету трагъэувэ.
ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Дэ дыщыгъуазэщ Кавказ зауэм хьэзабрэ гугъуехьхэмрэ лъэпкъ куэдым къазэрыхуихьар, лъыгъажэрэ банэкIэ зэриудыныщIар. А насыпыншагъэ къомри лъэIэсащ урыс лъэпкъми.
Дэ игъащIэкIэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди нэхъыжьыфIхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкIуэда дэтхэнэри, тхъумэнущ я фэеплъ нэхур. Дэ ди къалэнщ ди адэжьхэм я щхьэ кърикIуа гуауэм и пэжыр ди щIэблэм ялъэдгъэIэсыну, апхуэдэ гузэвэгъуэ къэмыхъужын папщIэ абы и дерсхэм щIэтпIыкIыну.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ноби къыкъуокI лъэпкъхэр зэзыуштыну хущIэкъу къарухэр, зэгурымыIуэныгъэхэр къызэрыкI псалъэ мыфэмыцхэр зезыхьэхэр. Кавказ зауэм къыдит дерсхэм ящыщщ тэмакъкIыхьыгъэ, шыIэныгъэ тхэлъу унафэ зэпэшэчахэр къэтщтэн, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр ди лъэпкъым къызэрылъэIэсынур зэпэтлъытэу зэрыхуейр. Лъэпкъ зэгурыIуэр щхьэузыхь зыхуэпщI хъун щхьэусыгъуэ зыри щыIэн хуейкъым - узэгурыIуэныр, мамыр гъащIэм зэгъусэу утелэжьэ-ныр, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыныр дэтхэнэ зы цIыхуми и пщэрылъ лъапIэу щытын икIи къилъытэжын хуейщ.
Аращ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я унафэщIхэм къэралми щIыналъэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэр, я щэнхабзэр, я дуней тетыкIэр хъумэнымкIэ ялъэкI къыщIамыгъанэр, хамэ щIы-пIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм щIэгъэкъуэн щIахуэхъур. Урысейр шэсыпIэ йоувэ къыдэгъуэгурыкIуэ псэкупсэ къэгъэщIыгъэ псоми я къыщхьэщыжакIуэу щытыну, дэтхэнэ лъэпкъми зихъумэжын икIи зиужьын щхьэкIэ.
БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зыщIынур. Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну.
Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!