Дунейм щыхъыбархэр

Накъыгъэм и 21,   щэбэт

Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. 1864 гъэм увыIащ илъэсищэкIэ екIуэкIа   зауэр.Къэбэрдей-Балъ­къэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м ­къищта унафэмкIэ щыгъуэ махуэр ягъэу­ващ. 2004 гъэм Налшык къы­щы­зэIуахащ Кавказ ­зауэм хэкIуэда ады­гэхэм я фэеплъ.
Хьэршым и дунейпсо махуэщ
ЗызэхэщIыкIынымрэ зыужьыныгъэмрэ яхуэ­­­­гъэпса щэнхабзэ зэ­мы­лIэу­жьы­гъуагъэм и дунейпсо ма­хуэщ

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-те­кIыу щыщытынущ. Хуа­бэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градуси 9 - 10 щыхъунущ.

Накъыгъэм и 22, тхьэмахуэ

Биологие зэ­мы­лIэу­жьы­гъуагъэм и дунейпсо махуэщ
1917 гъэм
къалъ­хуащ адыгэхэм къахэкIауэ Тыркум щып­сэухэм ящыщ спортсмен, Ев­ропэм бэ­нэкIэ хуитымкIэ и чемпион, 1948 гъэм екIуэкIа Олимп джэгухэм дыжьын ме­даль къыщызыхьа Джан­демыр (Гугъэв) Адыл.
1946 гъэм къалъ­хуащ филологие щIэ­ныгъэхэм-кIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Озбек (Едыдж) Батырай.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щы­щытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.

Накъыгъэм и 23, блыщхьэ

Шылъэгум и дунейпсо махуэщ
1955 гъэм
къалъ­хуащ адыгэ хьэ­ры­чэ­тыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Крас­нодар) и гене­раль­нэ директор Сагуэ Хьид.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ