Хьэжыкъуэ

Къармэхьэблэдэсхэм къаIуэтэж

ХьэжыкъуэкIэ зэджэ лIым Лыхь лъэпкъым и нэхъыбапIэр къытехъукIащ, я тхыдэр къыщежьэри абы и дежщ. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы зы къуэш иIащ - Бакъджэрий. Ар Абхъазым щыпсэуащ, Хьэжыкъуэ мызэ-мытIэу абы дэIэпыкъуащ, бийхэм ящихъумэу. Бакъджэрий бын къыщIэхъуакъым. Езы Хьэжыкъуэ зы къуэ иIащ - Хьэсанэ. Хьэсанэ къуитI иIащ - Ильясрэ Беслъэнрэ.
Хьэжыкъуэ нэгъэсауэ зауэлI хахуэт. Зэгуэрым ар зыдэс къуажэм джаурхэр къытеуэну мурад ящIащ. Хьэжыкъуэ тхьэгурымагъуэ хьэл гуэрхэр хэлъти, ар къыщищIэм, Iэщэрэ гъуэмылэрэ къищтэри, бгъуэнщIагъыр тIысыпIэ ищIащ. Ар здитIысыкIа щIыпIэм укъиплъмэ, бийхэр къыздрикIуэну гъуэгур, уи пащхьэм илъым хуэдэу, плъагъурт.
Биидзэм шууитху къахэкIри, тIасхъэщIэх къежьащ. Абыхэм щыщу Хьэжыкъуэ плIыр иукIащ, етхуанэр иутIыпщыжащ: «Уи гъусэхэм ямыгъазэмэ, мыбыхэм я махуэр къазэрыхуэзгъэкIуэнур яжеIэ», - жиIэри. 
Шу иутIыпщыжам яжриIэжащ и гъусахэм я щхьэ кърикIуари ямыгъэзэжмэ, езыхэм къащыщIынури.
АрщхьэкIэ джаурхэм икIуэтыжын ядакъым: «Дзэ псор а зым дытемыкIуэну ара?!» - жаIэри, къуажэм теуэну ежьащ. Хьэжыкъуэ бгъуэнщIагъым къыщIэукIыурэ дзэр зырызыххэу зэтриукIащ.
Мис апхуэдэу хахуэу щытащ Лыхь лъэпкъыр къызытехъукIыжа Хьэжыкъуэ. Мы хъыбарым егъэлеиныгъэ гуэрхэр хэлъынкIэ хъунущ, ауэ иджыри къыздэсым Лыхь лъэпкъым адыгэлI нэсым хужаIэ: «Нэгъэсауэ Хьэжыкъуэщ».
Хьэжыкъуэ 1820 гъэм дунейм ехыжащ. Черкесск кIуэ гъуэгур щащIым, абы и мывэ сыныр якъутащ. Абы и къутахуэхэр зыкъомрэ щахъумащ Локъуажэ (Красный Восток) щыпсэуа Лыхь Урысбий и лъапсэм.
 

 

Зытхыжар Лыхь Людмилэщ.
Поделиться: