Убыххэм я натIэ хъуар

Кавказ зауэм лъапсэрыхыр зыхуигъэкIуа лъэпкъхэм ящыщщ убыххэр. Зауэ нэужьым зы убыхи къранакъым я хэкум: хы Iуфэм Iуахуэри, абы щызэтелIащ, къелаIамэ, Тыркум Iэпхъуащ. Ар къыщыхъуар 1864 гъэрщ. Лъыгъажэ зауэр щыувыIар я лъапсэрщ – Къуэбыдэ.
1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м урыс дзэпщхэм Къуэбыдэ щагъэлъэпIащ бгырыс лъэпкъхэм кIэ зэрыратар. КIэ ирата къудейкъым – я хэкум ирахуащ псэууэ къэнахэр: кхъухьхэм ирагуэри, лъэныкъуэ ирагъэзащ, хым зэпрахуащ. Аращ убыххэм я натIэ хъуар.
Хэкур ирагъэбгына нэужь, куэд къагъэщIэжакъым убыххэм – илъэсищэм нэблагъэщ. Зи анэдэлъхубзэр зыщIэж зы убыхи дунейм тетыжкъым нобэ – нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжащ…
Убыххэм я щхьэм кърикIуа гукъутэгъуэр лъабжьэ яхуэхъуащ тхакIуэ гуэрхэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм ящыщщ Хацкевич Вильям и повестри – «Хэт Сочэ жэщкIэ щыгъыр? Уч-Дере кIуэ гъуэгур». Ар Нью-Йорк урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ.
Хацкевич Вильям 1932 гъэм Москва къыщалъхуащ, Тбилиси дэсащ, 1994 гъэ лъандэрэ Нью-Йорк щопсэу; техникэ щIэныгъэхэм я докторщ, тхылъищэм щIигъум я авторщ, ахэр Америкэм, европей къэралхэм, Израилым щытрадзащ. Повестыр япэ къыщыдэкIар Тбилисищ – 1984 гъэм – гъэкIэщIауэ, «плъырхэр» хэIэзэщIыхьыжауэ. Нью-Йорк къыщыдэкIа вариантыр тхакIуэм зэригъэзэхуэжащ, цензурэм хиудауэ щыта пычыгъуэхэр щIигъужащ.
Лъэпкъ насыпыншэм – убыххэм я тхыдэкIэ уеджэ хъунукъым Хацкевич Вильям и повестым. Убыххэм я хэкумрэ я хуитыныгъэмрэ папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм и тхыдэр игъэбэтэн мурад иIакъым тхакIуэм – ар IуэтыгъуафIэ зэрымыхъунур къыгурыIуэ хъунти. Хацкевич и мурадыр нэгъуэщIащ – къуэ зэвым даукIа лъэпкъым и цIэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, дунейм щигъэIун. ТхакIуэм ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ. Сочэ нобэ зэрацIыхур зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ курортущ. Сыт хуэдэ лъэпкъ Сочэ псыхъуэ дэсар – хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс? Ар хэIущIыIу ищIыфащ Хацкевич Вильям, аркъудейм щхьэкIи пщIэ лей хуэфащэщ тхакIуэм, абы ибзыщIакъым а псыхъуэм лъыкъуалэр зэрыщагъэжар. Ар цIыхухэм нэрылъагъу, IупщI ящызыщI напэкIуэцIхэр щымащIэкъым Хацкевич и повестым.
Нобэ дуней псом щыцIэрыIуэ курортыр – Сочэ убыххэм я жылагъуэ нэхъ инхэм ящыщащ зэгуэр. ТхакIуэм щыгъуазэ дещI убыххэр абы зэреджэу щыта цIэм – Сшатче (Щачэ). «Сочэ» и цIэр абы щытеIукIар иужькIэщ; «Щачэ» цIэр нобэрей щIэблэм ящыгъупщэжащ.
Бгыщхьэм иса убыххэм я жылагъуэхэм ящыщ зы КъуэбыдэкIэ еджэу щытащ – Хацкевич и повестри щыхьэт тохъуэ абы. Иужьым а жылагъуэм Красная Полянэ фIащащ. ФIэзыщар гурыIуэгъуэщ – убыххэм я лъапсэр зубыдахэрщ. Хацкевич Вильям зэритхамкIэ, Къуэ быдэ (Щачэ псыщхьэ) енэб удзыр щыкIырщ. Метр зи лъагагъ удз плъыжьыфэщ енэбыр (папоротник). Повестым дыкъыщоджэ: аращ Къуэбыдэ щIыналъэм Красная Полянэ щIыфIащар. Енэбэплъ – апхуэдэ псалъэ ущрохьэлIэ кIахэ адыгэхэм я бзэм; апхуэдэ псалъэ убыххэми зэрыхэтам шэч хэлъкъым.
Убыххэм я тхыдэр игъэбэтэн мурад имыIами, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ар повестым купщIэ хуимыщIами, Хацкевич Вильям а лъэпкъым и дунейм куууэ зэрыщыгъуазэр щынэрылъагъущ абы и повестым. ТхакIуэр щыхьэт тохъуэ убыххэм илъэс мин зыбжанэ зэраныбжьым, лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къызэрыщхьэдэхуам, уеблэмэ къэрал яухуэн яхузэфIэкIауэ зэрыщытам, пасэрей лъэпкъыжьхэм (псалъэм папщIэ, алыджхэм) благъэ яхуэхъуауэ, япыщIауэ къызэрыгъуэгурыкIуам. Убых сатуущIэхэмрэ хыдзэлIхэмрэ я кхъуафэхэр хым тет зэпытащ урыс дзэпщ къанлыхэм зыIэщIалъхьэху.
Убыххэм мафIэлыгъэр езыдза генерал гуэрым убых тхьэмадэм къажриIэгъащ: «Фэ тырку сулътIаным фыкъыдитащ, Урысейм щыщ фыхъуащ, ди унафэм фебакъуэ хъунукъым дяпэкIэ». Убых тхьэмадэхэм ящыщ зым и Iэр жыгыщхьэм ис бзу цIыкIум хуишиящ: «Мо жыгыщхьэм ис бзу цIыкIур узот, – къыпхуэубыдмэ», – жери. Псалъэмакъым игъащтэри, бзу цIыкIур лъэтэжащ… Тырку сулътIаным и IэмыщIэ зэи илъакъым убыххэр, урыс пащтыхьым и IэмыщIи зралъхьэн мурад яIэтэкъым. Зауэр яублэжри, 1864 гъэ пщIондэ Iэщэр ягъэтIылъакъым убыххэм… Лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуэху, я хэкур нэщI ящIыху.
Лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуами, убыххэм я хэкум – хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс – къыщызэтенащ абыхэм къызэранэкIа цIэ куэд: бгыцIэхэр, псыцIэхэр, щIыпIэцIэхэр. Щачэ (Сочэ) нэмыщI, убыххэм я лъапсэм ноби ущрохьэлIэ Хъуэстэ, МафIэпсы, Къудепстэ, Ло, Артлар (Адлер), Дыгъэмыс, ХьэкIучыпс, Хьэжьокъуэ, Тэтей, Нэзей, Арных цIэхэм, нэгъуэщIхэми. А псоми я цIэ къреIуэ Хацкевич Вильям.
 

 

Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ