ЗэфIэкI лъагэхэр къагъэлъагъуэМэзкуу областым хыхьэ Ершовэ щIыпIэм щекIуэкIащ лIэужьыгъуэ псори щызэхуэхьэса каратэмкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 39-м къикIа спортсмен 420-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэм ящыщу «полный контакт» лIэужьыгъуэм пашэныгъэр щаубыдащ Жамбей Астемыррэ Толдиевэ Лейлэрэ. ТхьэлI Анзор дыжьын медалыр къихьащ. Тогузаев Ислъамрэ Толдиев Алийрэ ещанэ увыпIэхэр зыIэрагъэхьащ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|