ЩIэныгъэ псоми къахэлыдыкI унэтIыныгъэДунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я бзэращ. Дэтхэнэри зей лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыф Iэмэпсымэщ, абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къызэрыпщIэф Iэмалщ. Бзэмрэ литературэмрэ елэжьхэр, а унэтIыныгъэмкIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIхэр, ахэр щIэблэм езыгъэджхэр, библиотекэ, газет, журнал лэжьакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр - филологие щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI псори зэкъуегъэувэ дызэрыт мазэм и кIэуххэм ди къэралым щагъэлъапIэ абыхэм я махуэм. Филологием щIэныгъэ унэтIыныгъэу Европэм зыщыщиужьар XVII лIэщIыгъуэращ. Бзэр, псалъэр фIыуэ лъагъун зэрыхуейр къыхагъэщу, жаIэрт а щIэныгъэр адрей псоми къахэлыдыкIыу, апхуэдэуи унэтIыныгъэ псори зэришалIэу, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ щIэныгъэми щыгъуазэ узэрыхуэхъуфыр псалъэм, бзэм я Iэмалхэращи.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 →
НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 →
НОБЭ
|