Зэхьэзэхуэхэр йокIуэкIКъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ республикэм и щIыналъэхэм щокIуэкI КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ жэмыхьэт зэпеуэхэр. Хэтхэм я ныбжьым елъытауэ, зэпеуэхэр Iыхьищу гуэшащ: илъэси 7-м щегъэжьауэ 12-м нэс, 13-м щегъэжьауэ 24-м нэс, 25-м щегъэжьауэ 45-м нэс. КъурIэн лъапIэм нэмыщI, зэпеуэм хэтхэр зэпрагъауэ Хьэнэфий мэсхьэбым и тегъэщIапIэхэмкIэ. Мэкъуауэгъуэм и I-м ирихьэлIэу, зэхьэзэхуэхэр щызэфIэкIащ Май, КъалэкIыхь, Бахъсэн, Шэджэм, Тэрч щIыналъэхэм. КъэпщытакIуэхэм «къыхащыпыкIахэм» Iэмал яIэнущ республикэпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
|