Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэСабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, а лъэхъэнэр цIыкIухэм нэгузыужьу, гукъинэжу ирахьэкIыным къэрал гулъытэ егъуэт. Гъэмахуэр зэрыщIидзэрэ нобэ махуэ еплIанэу арами, Къэбэрдей-Балъкъэрым и санаторэхэмрэ сабий лагерхэмрэ хуэхьэзырщ ныбжьыщIэхэм абыхэм зыщрагъэгъэпсэхуну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну. Апхуэдэ IуэхущIапIэ куэдым я бжэхэр хуиту хузэIуахакIэщ ди щIыналъэм и цIыкIухэм. Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса лэжьыгъэхэм хэту, Бахъсэн районым къыщызэIуахащ гъэмахуэ лагерхэм ящыщ зыбжанэ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту лэжьыгъэр щаублащ Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт школ №2-м и «Вагъуэ цIыкIу», ХьэтIохъущыкъуей жылэм Куэтэншы ТIалэ и цIэр зэрихьэу дэт курыт школ №3-м и «Зыгъэпсэхугъуэ хьэлэмэтхэм я IуэхущIапIэ» («ШИК») махуэрылажьэ лагерхэм. Абыхэм махуэ 21-кIэ екIуэлIэнущ япэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым абы щыIэну зезыгъэтха сабий 94-рэ. Зи ныбжьыр илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ I5-м нэс ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми зыгъэпсэхугъуэр гукъинэж щыхъуным йолIалIэ гупхэм яхэт гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Я ныбжьрэ дэзыхьэхрэ елъытауэ, сабийхэм папщIэ мэлажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр. ЦIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэм тещIыхьауэ егъэджэныгъэмкIэ район IэнатIэм программэ хэха иубзыхуащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр: я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. Лагерхэм щагъэзащIэ сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэ псори.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 13:19 →
Пхъэмыфыкъуэ лъапэ деж
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
|